Жылагъуэ

Ныджэхэм я дыгъэ

Иджы хуэдэ бжьыхьэкIэм псыхъуэ лъэгухэм, мэзылъэ щIыпIэхэм фыщрихьэлIэнущ къазмакъым. IэфIри гуащIагъри щызэхэт а пхъэщхьэмыщхьэ гуакIуэм хущхъуэгъуэу хэмылъ къэгъуэтыгъуейщ. Псом хуэмыдэу ар сэбэпышхуэщ щыгъупщэх хъуахэмкIэ, артрит узым гугъу иригъэхьхэмкIэ. А пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэм и лIэужьыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ Сыбыр щIыналъэми, сыту жыпIэмэ, ар къол щIыIэр градус 45- м щынэсми. Ди республикэр къэтщтэнщи, ар къыщымыкI щIыпIэ диIэкъым.

Плъыфэ зэмыфэгъухэр

Мыгъэрей щэкIуэгъуэ мазэр и кIэм нэблэгъащ. Лъэсу къалэм къыщызыкIухьхэри нэхъыбэ хъуащ, пщэдей зызыхъуэжынкIэ хъуну дунейм и дыгъэпс кIапэр яутIыпщыну ягу пымыкI хуэдэ. ЦIыху куэдым уащыхэплъэкIэ япэу нэм къыфIэнэр щыгъын щIыIутелъ щхъуэкIэплъыкIэхэрщ. Нэхъапэм иджы хуэдэ зэманым цIыхухэм щIэкIыу ящыгъыу щыта бжьыхьэ щыгъынхэр яжьафэ-гъуабжафэ зэфэзэщу щыщытар щыIэжкъым. А зэманым модэр зыубзыхухэм къалъытэрт дуней уэтIпсытIым щыгъыныгъуэхэм я плъыфэри техуэн хуейуэ.

ЗэIузэпэщ ящIащ

Налшык къалэм Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамым, километритI зи кIыхьагъым зэхъуэкIыныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ.

Туристхэр къызэрырагъэблэгъэнум зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий иджыблагъэ къызэрыхигъэщамкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ курортхэр хуэхьэзырщ илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и гъуэгухэр

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектымрэ гъуэгум ехьэлIауэ щIыналъэм щылажьэ программэхэмрэ япкъ иткIэ, 2023 гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щызэрагъэпэщыжащ псори зэхэту километр 20-м щIигъу зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгухэр.

Лъэужь дахэ къэзыгъэна

КъБР-м и профессиональнэ музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, лъэпкъ макъамэм и классик Балэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.

Дэтхэнэми дэIэпыкъунущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и егъэблэгъапIэм и къудамэу республикэм щыIэм цIыхухэм я щхьэ IуэхукIэ зыкъыщыхуагъэзащ. 

Бын куэд зэрыс унагъуэхэм, медицинэ кIэлъыплъыныгъэ зэпымыууэ хуэныкъуэ, узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм я адэ-анэхэм лъэIукIэ зыкъыхуагъэзащ республикэм и Iэтащхьэм. Дэтхэнэ зыми и лъэIур гъэзэщIа хъун щхьэкIэ, КIуэкIуэ Казбек унафэ пыухыкIахэр ищIащ. 

Анэр нэм хуэдэщ

ЩэкIуэгъуэм и 26-м Урысей псом щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. Хуабагъэ нэрымылъагъу зыщIэлъ, цIыхупсэр зыгъэгуфIэ ­махуэщIыр илъэс къэс тохуэ дызэрыт мазэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. 

Щэнхабзэмрэ динымрэ зэрызэпыщIам трагъащIэ

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ XXXII дунейспо хъуромэ (рождественскэ) еджэныгъэхэм щыщ VIII щIы­налъэ зэIущIэр. «Динымрэ щэнхабзэмрэ: тфIэ­кIуэдамрэ къытхэхъуамрэ, къэ­кIуэнум и теплъэр» - аращ зытеу­хуауэ щытар. ЗэIущIэм хэтащ депутатхэр, ­къулыкъущIэхэр, дин, жылагъуэ, егъэ­джэныгъэ зэгухьэ­ны­гъэ­хэм я лIы­кIуэ­хэр, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, студентхэр, журналистхэр. ЗэIущIэм къеблагъэхэм макъамэ­кIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал филармонием и «Камерата» оркестрыр.

Анэхэр ягъэлъапIэ

Анэм и махуэм теухуауэ ­КъБР-м и Правительствэм Iуэхугъуэ гуапэ щекIуэкIащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ