Жылагъуэ

«Iуащхьэмахуэ и уэрдыхъу-2019» зэпеуэм хэтынухэм загъэхьэзыр

Терскол дэт центрым къыщызэхуэса командэхэм зэхьэзэхуэм и Iыхьэ щхьэхуэхэм дызэрыпэлъэщынум зыхуагъэхьэзыр. Абы къыдэкIуэу «АРМИ-2019» къуршыщхьэ зэпеуэм хэтынухэм Iэмал ягъуэтащ блэкIа зэхьэзэхуэхэм хэтахэм яIэщIэкIа щыуагъэ нэхъыщхьэхэм мультимедие форматым иту щыгъуазэ зыхуащIыну. Конкурсым и Iыхьэ щхьэхуэхэм траха сурэтхэмрэ видеофильмхэмрэ наIуэу къагъэлъагъуэ дзэм и спортсменхэм яIэщIэкIа щыуагъэхэри, абыхэм я ехъулIэныгъэхэри.

Дунейм ехыжащ Лий Адэлджэрий Iэмырбий и къуэр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм,

ЩIэблэр щыуджкIэ лъэпкъыр мэгушхуэ

Бадзэуэгъуэм и 31-м Абхъазым и утыкум адыгэ щIалэгъуалэр куэд щIауэ зыпэплъэ «Хэгъэгу джэгушхуэр» щекIуэкIащ.

КомплексыщIэр нагъэблэгъащ

«Урысей Федерацэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ, Дзэлыкъуэ къуажэм дащIыхь метр зэбгъузэнатIэ минитIым щIигъу къызэрыкI физкультурэ комплексыщIэ. Проектым ипкъ иткIэ, ар унитIу зэхэтынущ. Зым зыгъэпскIыпIэ щащIынущ, есыпIэм метр 25-рэ и кIыхьагъыу. ЕтIуанэ пэшым спортым зыщыхуагъэсэнущ, абы зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм еплъхэм я тIысыпIэхэри иIэнущ. ПэшитIым зытIэщIыпIэхэр, псы зыдэгъэжэхыпIэхэр, гъэсакIуэхэмрэ медицинэм и лэжьакIуэхэмрэ щылэжьэну пэшхэр хэтынущ.

ХъыбарегъащIэ

Инджылызыбзэр зэвгъэщIэну фыхуеймэ

ИнджылызыбзэкIэ хуиту фыпсэлъэфу фригъэсэнущ Америкэм щылэжьа цIыхухъум. Ар ядэлэжьэнущ сабийхэми балигъхэми.
ФызыщIэупщIэн щыIэмэ, фыпсалъэ хъунущ 8-928-704-09-56 телефонымкIэ.

Лэжьыгъэм кърикIуар къапщытэж

«Стены без наркотиков» фIащауэ Налшык къалэм 2019 гъэм и гъатхэпэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм щрагъэкIуэкIащ наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэращэ Iэмалхэм зэрапэщIэт Iуэху. А пIалъэм къриубыдэу псэупIэ, IуэхущIапIэ унэхэм я блынхэм трагъэкъэбзыкIащ наркотикхэр зыщэхэм я телефонхэмрэ сайтхэмрэ.

НэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэ зыбжанэм мы зэманым щаухуэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэщIэхэр. Къапщтэмэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь ухуэныгъэр ятещIыхьащ яслъэ ныбжьым ит сабий 60-м. Дэтхэнэми сабий нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 40 екIуэлIэнущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт «Прогимназие» муниципальнэ IуэхущIапIэм, Куба къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь пэшхэм.

Уи псэм пэгъунэгъурщ зэлэжьыпхъэр

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, критик, литератор Iэзэ Гъут Iэдэм. И гукъэкIыж, гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу, дэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

Езым и дамыгъэ иIэжу

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъут Iэдэм щIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щызиIэхэм ящыщщ. Апхуэдэ гулъытэр къыпэкIуащ абы и гуащIэ хьэлэлымрэ и зэхэщIыкI лъагэмрэ.

Ди жьантIэм куэдрэ удэсыну, ди нэхъыжьыфI!

ЦIыхум щIыхь къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым, атIэ и лэжьыгъэрщ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэ лъагэр зи IэужькIэ, гуащIэдэкIкIэ къэзыхьахэм, зыхуэфащэхэм ящыщ зыщ Гъут Iэдэм. Ар IуэрыIуатэр, псом хуэмыдэу эпосым къызэщIиубыдэ жанр лIэужьыгъуэхэр джыным пасэу дихьэхащ икIи  щIэныгъэ тхыгъэ куэд и къалэмыпэ къыщIэкIащ. Абы къикIыркъым IуэрыIуатэм и адрей лъэпкъыгъуэхэр Iэдэм гулъытэншэу къигъэнауэ: лирикэми драмэми хыхьэ жанрхэм теухуауэ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу, ауэ зэIубз мыхъуа Iуэхугъуэ куэд абы къитIэщIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ