Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр Киров областым щохьэщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м щIыуэпсымрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шаваев Ислъам сымэ иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Киров областым щыIащ. Ахэр абы иригъэблэгъащ а щIыналъэм и унафэщI Соколов Александр.

И бгъэгур титанкIэ зэрахъуэкIащ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм операцэ телъыджэ щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ. А узыфэ шынагъуэм иубыда бзылъхугъэм и бгъэгур титанкIэ зэрахъуэкIащ, зэрыжаIэмкIи, операцэр хъарзынэу зэфIэкIащ.

ИлъэситI ипэ Дагъыстэным щыщ бзылъхугъэм (илъэс 36-рэ хъурт абы щыгъуэ) и бгъэм лышх шыкъыр хэлъу къагъуэтри, дохутырхэр еIэзат. Мы гъэмахуэ кIуам абы гу зылъитэжащ и бгъэм аргуэру шыкъыр гуэр хищIэжауэ икIи ростов онкоцентрым екIуэлIащ, абы и щIэныгъэлIхэр зригъэплъыну.

Бжыхьэсэм йоужьэрэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, бжьыхьэсэр зыхащIэну абы хуагъэхьэзыра щIым и процент 72-м гъавэр трасакIэщ.

Псалъэм папщIэ, бжьыхьэсэр тращIащ гектар мин 46,8-м, абы щыщу гектар мин 35,2-м гуэдзыр, гектар мин 6,2-м хьэр, гектар мини 5,2-м рапсыр, гектар иримыкъум Iэщым ирагъэшхын къэкIыгъэ щхъуантIэхэр.

Псэуныгъэр ирагъэфIакIуэ

         Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Псыхъурей жылэм и Малкинскэ, Клиническэ уэрамхэм псыр зрикIуэ бжьамий кхъахэхэр щIэкIэ щахъуэжащ. Къуажэм и щIылъэныкъуэр псы зэфэнумкIэ зыщыгугъыр зы километр зи кIыхьагъ а псы жапIэ зэрыIыгъырщ.

«Псы къабзэ» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу зэфIагъэкIыну а лэжьыгъэм къыдэкIуэу, псы къыщIэшыпIэщIэ яухуэнущ. Лэжьыгъэ псори мы илъэсым и кIэм яухыну я мурадщ.

Мэзхэм хуосакъ

Хуабэр градус 35 - 40-м щынэса шыщхьэуIум мыбэлэрыгъыу зи къалэныр къезыхьэлIа мэз IуэхущIапIэхэм дяпэкIэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуагъэхьэзыр.

Гъэр уэгъумэ, Iэужьынши хъуркъым. Ар къызыгурыIуэ мэзхъумэхэмрэ щIыуэпс щытыкIэм кIэлъыплъ къэпщытакIуэхэмрэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу тIэуней-щэнейрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Хуабэр икIыху абыхэм я нэIэм щIэтынущ республикэм и мэз хозяйствэхэр. Псом хуэмыдэу хуабэр щиIыгъащ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм.

Кэнжэ амбулаторэщIэ щаухуэ

1950 гъэм щегъэжьауэ Кэнжэ къуажэм щылажьэ амбулаторэр здэщыIэ унэжьым и пIэкIэ щIэ щаухуэ. Мыбы я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыфынущ абы къепхауэ жылэм дэс цIыху мини 9-м щIигъум, икIи зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 76-м хуэдизым щеIэзэну яхузэфIэкIынущ. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр ирахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 12 щIагъэувэнущ.

Щапхъэ ягъэлъагъуэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым цIыхубэ хуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Валентин и фэеплъ пшыхь иджыблагъэ щекIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхуэсым ипкъ иткIэ щIэныгъэлIым и цIэр ар илъэс куэдкIэ щылэжьа пэшым фIащащ, фэеплъ пхъэбгъури щIыхьэпIэм деж щыфIадзащ.

ТхакIуэ цIэрыIуэр ягу къагъэкIыж

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, публицист, АР-м гъуазджэхэмкIэ щыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуауэ Адыгей Хасэмрэ «Адыгэ макъ» газетымрэ зэгъусэу зэIущIэ гуапэ ирагъэкIуэкIащ. «ХьэщIэщ» зэIущIэм кърихьэлIащ усакIуэм и щхьэгъусэ Къуиикъуэ Жаннэрэ я къуэ Лауркъанрэ. 

Я къалэныр ягъэзэщIащ

Хьэмащэ, Аурсэнтх, Шэрэдж, Хъазнидон гъэмахуэ хъупIэхэм щыIа Iэщхэр фокIадэм и 28-м къешэхыжын щIадзащ. Накъыгъэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэхэм щаIыгъащ ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэмрэ уней хозяйствэхэмрэ я Iэщ мини 185-рэ. Абы щыщу мин 50-р Iэщышхуэщ, мини 3-р жэм къашщ.

Сом мелуан 770-м щIигъу

Экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, ­КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ Мэзкуу къалэм щыпсэум зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. Ар ящыщщ хабзэншагъэкIэ «мылъку пирамидэ» къызэзыгъэпэщахэм. 2021 гъэм гъэпцIагъэкIэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яIэ­щIихащ сом мелуан 700-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ