|
Жылагъуэ
4 ноября, 2023 - 09:00
2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм щыхасэнущ жыг зэмылIэужьыгъуэу мин 37-рэ. Абыхэм ящыщу 34500-м республикэм и мэз фондым хагъэхъуэнущ - гектар 17-м щагъэтIысынущ. Къанэ 2500-р щыхасэнущ республикэм и жылэхэм къедза щIыпIэхэм, цIыху зыгъэпсэхупIэхэм, къалэ паркхэм. А лэжьыгъэхэм республикэм щыщу цIыху минищым щIигъу къыхашэну я мурадщ. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщыхалъхьэкIэ ди цIыхухэр яфIэфIу хэтщ.
Жыгхэр хэсэным пыщIа Iуэхухэр ирагъэкIуэкI «Мэзыр тхъумэнщ» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
3 ноября, 2023 - 13:00
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуэныкъуэ щымыIэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт унэу 44-рэ. Иджыпсту 46-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI икIи 2023 гъэм и кIэм нэсыху ахэри зэфIагъэкIынущ. Абы хыхьэу лифтхэр, унэ кIуэцIым и инженер системэхэр, унащхьэхэр зэрахъуэкI, унэ IуплъапIэхэр къагъэщIэрэщIэж.
3 ноября, 2023 - 11:32
Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ягъэнэIуащ тхьэмбылыр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэр.
3 ноября, 2023 - 09:42
Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Нэгузегъэужьымрэ хьэщIагъэ хынымкIэ» пэхуэщIэм хиубыдэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ухуэныгъэу тIу хьэзыр щащIащ. Паркым и администрацэм и унэм и Iэгъуэблагъэр щIы IэнэщIу щытащ. Абдежым щызэтралъхьэрт паркым илэжьыхь техникэхэмрэ жьы хъууэ къыфIахыжа хъыринэхэмрэ къыпкърахыжа пкъыгъуэхэр, н.къ. А щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ икIи абы къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тету цIыху ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэ зыхэт санузел, анэхэмрэ сабийхэмрэ, Iуэхутхьэбзэ зыщIэхэм я пэш щхьэхуэхэр.
3 ноября, 2023 - 09:41
Мыр езы ди нэхъыжьым жиIэжу зэхэсхыгъати, зэрысщIэжым хуэдэ дыдэу къызоIуэтэж. Зырамыку и автобиографием зэрыритхэжащи, зауэр и кIэм нэсауэ, уIэгъэ хьэлъэ хъури, куэдрэ госпиталым щIэлъащ. Дунейр мамыр зэрыхъужрэ зыкъом дэкIауэ къигъэзэжа нэужьи, зыхуеджа артист IэщIагъэм асыхьэтым иримылэжьэфынкIэ шынагъуэ иIэти, зы илъэс енкIэ къуажэм дэсащ. ИтIанэщ Налшык къыщигъэзэжар.
2 ноября, 2023 - 14:57
Дуней гъащIэм и кIыхьагъым елъытауэ цIыху щхьэхуэм къигъащIэ илъэсхэр абы и зы уафэ хъуэпскIыгъуэу е и зы дыгъэ къыщIэкIыгъуэу къыпщохъу. ИтIани, цIыху гъащIэм апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иIэщи, псэм и уахътыр къыщысар хьэлъэщ. Сыт-тIэ цIыхум къигъанэр езым и ужькIэ? И Iэужьырщ, Iуэхурщ, псалъэрщ, щIэблэрщ. ЦIыхур щымыIэжми, псэухэм куэдрэ я гум илъщ ахэр зи лъабжьэ фэеплъыр. И Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ ящIыгъуу, языныкъуэ цIыхухэм я шыфэлIыфэр зэманкIэрэ щахъумэ жылагъуэми къэралми.
2 ноября, 2023 - 13:54
Япэ итахэр
Адыгэ еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI, тхыдэдж икIи тхакIуэ Къудащ Елбэздыкъуэ цIэрыIуэ зэрыхъуа и IэдакъэщIэкIхэм ящыщщ «Къэбэрдейм и тхыдэ хъыбархэр» тхылъ гъэщIэгъуэныр. АдыгэлI щэджащэм и гъащIэмрэ зэфIиха щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ ятеухуа къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIауэ щытащ КъБКъУ-м и доцент, критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий, профессор Къумыкъу Тыгъуэн сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы и гъащIэм, и псэукIэмрэ лэжьыгъэмрэ, гуращэу иIар сэтей къэзыщI къэхутэныгъэхэр ди щIэныгъэлIхэм иджыри ирагъэкIуэкI.
2 ноября, 2023 - 11:48
Сочэ кIэрыхубжьэрыхум щIигъэнащ
Сочэдэсхэм я къалэм теухуауэ гукъеуэшхуэ яIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэр апхуэдизкIэ кIэрыхубжьэрыхукIэ кудащи, узыфэ зэрыцIалэхэр къэхъеинкIэ мэшынэ.
«Апхуэдиз мылъкурэ къарурэ зытрагъэкIуэда къалэм мэ Iейм удигъэхьэркъым, емынэр ди бжэIупэм къэсауэ жыпIэ хъунущ», - мэтхьэусыхэ къалэдэсхэр. Ар къызыхэкIар псы фIейр зэрамыгъэкъэбзэжыфыр, уеблэмэ зэрыщытыбзэу хым зэрыхагъэлъадэрщ, кIэрыхубжьэрыхухэм емылэжьу, щIыпIэ хэхам щызэхуамыхьэсу, щхьэж здыхуейм деж зэрыщрикIутырщ.
Страницы
|