Жылагъуэ

Бзэ телъыджэ

Тырку Ищхъэрэм и бгылъэ щIыпIэхэм щыIэщ Кушкёй къуажэ цIыкIу. Абы щыпсэухэр зэрызэпсалъэ «кушдили» бзэм (бзухэм я бзэ жиIэу аращ) хуэдэ зыщIыпIи щыIэкъым. Абы къыхэкIыу ар ЮНЕСКО-м хигъэхьащ дунейпсо щэнхабзэ щIэинхэм.

БетэмалкIэ IэщIахырт

Метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ дэкIыну хуейхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Ар хъарзынэт, ауэ а щыгур къэзыгъэIурыщIэхэм я дэтхэнэми абдеж къыщинэн хуейуэ къелъытэ фэеплъ гуэр, ирехъу ар бэракъ, сурэт, я гум къыпылъэда тхыгъэхэр зытет пхъэбгъу икIи абыхэм мыхьэнэшхуэ ирамытурэ йокIуэкI, хэт ар зэран зыхуэхъур жыхуаIэу.

Унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэм и теплъэр ефIакIуэ зэпытщ. Иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм абы щаухуащ фэтэр куэду зэхэт иджырей унэ зэтет зыбжанэ, нэхъапэм яухуа унэхэри гулъытэншэу къамыгъанэу зыхуей хуагъазэ. 
Лениным и проспектымрэ Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм, лъэныкъуитIри къызэщIиубыдэу, тет чырбыш плъыжь унэр къалащхьэр япэу зыгъэдэхахэм ящыщщ. Ар къатиплIу зэтетщ, и унащхьэхэр гипскIэ гъэщIэрэщIащ. Мазэ зыбжанэ хъуауэ абы и ижьрабгъу лъэныкъуэ зыкъэзыгъэшыр зыхуей хуагъазэ.

Арыкъ и гъуэгущIэр

Тэрч куейм хыхьэ Арыкъ жылэм километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ и автомобиль гъуэгур иджыблагъэ щызэрагъэпэщыжащ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

Дэныр бзылъхугъэм йокIу

Къэшэж - Шыбзыхъуэ Иннэ Иджырей модэмкIэ лицейм щеджащ, Iупхъуэхэр щид и IуэхущIапIэ цIыкIу къызэригъэпэщауэ, и псэм дыхьэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ къыхех. Щыгъын дынырщ нэхъапэкIэ зызыхуигъэсар, ауэ Iупхъуэхэрщ нэхъыбэу идыр. «Щхьэ абы удихьэха?», - жыпIэмэ, «сыунэгуащэщи», - жи. Унэр игъэщIэрэщIэну, Iэхуитлъэхуит ищIыну фIэфIщ. 

НэхулъэфI дахэр зи фIыщIэхэр

ГуфIэгъуэ гуэрым дыхэту цIыхухъухэм я псалъэмакъ зэхэтхащ. Ахэр тепсэлъыхьырт ди къэралым Украинэм щригъэкIуэкI дзэ 1уэху хэхам. 

Данэр узыншагъэмкIэ сэбэпщ

Данэ щэкIыр къыщыунэхуар ирахьэлIэ ди эрэм ипэкIэ 3630 гъэм. Абы щыгъуэ Китайм щагъэхъуу зрагъэсауэ щытащ тутей хьэпIацIэр. Абы щыхьэт техъуэу къалъытащ Китайм къыщагъуэтыжа, хьэдэтепхъуэу къагъэсэбэпауэ щыта данэ щэкIхэр. Хэбгъэзыхьмэ, данэ щэкIыр къагъуэтын ипэжкIи Китайм къыщагъуэтат данэ Iуданэхэр. 

Ди щIыналъэр къыхах

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, иужьрей илъэсхэм нэрылъагъуу хэхъуащ ди щIыпIэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм.

КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет

Iуэхур судым нэсащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм я лэжьакIуэхэм, къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Iэщэрэ абы иралъхьэ шэхэмрэ республикэм щигъэкIыным пыщIауэ Налшык щыщ цIыхуитIым зэрахьэ хабзэншагъэр. 
КъБР-м щыIэ УФСБ-м и Следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм и «а» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэм ипкъ иткIэ. Зэрагъэкъуаншэр къыщыгъэлъэгъуа уголовнэ Iуэхур судым Iэрагъэхьащ. 

Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зи куэд

Краснодар крайм и Лазаревскэ щIыпIэм фокIадэм и 15 - 19 махуэхэм щызэхэтащ къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиа-дэ. «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр яхъумэнущ!» зи фIэщыгъэ а Iуэху дахэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым (и унафэщIыр Бейтыгъуэн Iэуесщ). Абы ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэрагъэхьэу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, «JamRaT» (Джамрат), «Дыгъэ шыр» (тIу­ри Нарткъалэ ейщ), «Инармэс» (Шэджэм), «Псыгансу» (Псыгуэнсу) къэфакIуэ гупхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ