|
|
Жылагъуэ
27 октября, 2025 - 09:15
Ахъшэхэм я нэхъыбапIэм фIащыжащ къыщыщIагъэкIа щIыпIэм и цIэр. XIV лIэщIыгъум къэунэхуа франкым и цIэр Франджым и пащтыхьыр гъэрыпIэм къызэрырашыжам къытехъукIащ. 1356 гъэм Пуатье деж щекIуэкIа зэхэуэм щыгъуэ гъэру яубыдауэ щыта франджы пащтыхь Иоанн 11-р инджылыз гъэрыпIэм къызэрырашыжам и щIыхькIэ 1360 гъэм къыщIагъэкIын щIадзащ а дыщэ ахъшэр. «Франк» жиIэмэ «хуит» жиIэу къокI.
27 октября, 2025 - 08:38
Жэпуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа программэщIэм – унэ къращэхуну зэ тыгъуэу ахъшэ абыхэм етыным хуэунэтIам.
Программэм и къалэн нэхъыщхьэр республикэм щыщу псэупIэ иратын хуейуэ чэзум щыт щIалэгъуалэр зыIууэ гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэнырщ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм (сабий зеиншэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр зи нэIэ щIэтым) къызэритамкIэ, иджы къыхалъхьа хабзэщIэр, ахъшэр зеиншэхэм етыным теухуар, япэм щыIахэм къащхьэщокI.
27 октября, 2025 - 08:36
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр СССР-м къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ Иуан Хьэсэн и Iэщэр игъэтIылъатэкъым. Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуа щIалэр псэзэпылъхьэпIэ мызэ-мытIэу ихуащ, гузэвэгъуэ зыбжанэми къелащ. Абы игу илъ зэпытт адыгэ напэр ихъумэн зэрыхуейр, и нэгу щIэкIыртэкъым и адэ-анэр, и Iыхьлыхэр, и Къэбэрдейр. Арат и къарур хуэдипщIкIэ щIэбагъуэр, бий илъэгъуамэ, гужьгъэжькIэ и гур щIэятэр…
Иуан Хьэсэн яхэтащ Ленинград зыхъумахэм, Прибалтикэр хуит къэзыщIыжахэм. Ар Европэм и щIыпIэ куэдми щызэуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэри къратауэ Германием нэсащ.
27 октября, 2025 - 08:34
Урысхэр «Сурож тенджызкIэ» зэджэу щыта псы хъурейм ехьэлIауэ пасэрей алыджхэм къагъэсэбэпу къекIуэкIар «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» псалъэхэрат. Адыгэхэм ар дыдэм трагъэIукIахэм ящыщщ «Азыкъ» псалъэр. А фIэщыгъэр, гу зэрылъытэгъуафIэщи, ди зэманым «Азов» жыхуаIэм и гъунэгъущ.
27 октября, 2025 - 08:32
Мы хъыбарыр къэтIуэтэн ипэ къихуэу, дгъэзэжынщ 1850-1870 гъэхэм… Урысым Тэрч областыр иубзыхуу, къулыкъу хуэзыщIа адыгэхэм Дзэлыкъуэ къущхьэхъу щIыпIэхэр яхуигуэшын щыщIидза лъэхъэнэм. Абыхэм ящыщт корнет Къармэр, иужьыIуэкIэ Къармэхьэблэ къуажэр зытрагъэтIысхьа щIыналъэр зратар.
27 октября, 2025 - 08:30
Эхинококкозыр – ар цIыхум и Iэпкълъэпкъ зэхуэмыдэхэм зыщаубгъукIэрэ маркуэ лIэужьыгъуэхэм къагъэхъу узыфэщ. Абы Iэпкълъэпкъым аллергие кърет, псом хуэмыдэу тхьэмщIыгъумрэ тхьэмбылымрэ и зэран йокI.
26 октября, 2025 - 09:26
Дунейм къытехьащ ЩIДАА-м и щIэныгъэ журналым и 3-нэ къыдэкIыгъуэр.
Физикэ къудамэмкIэ къэхутэныгъэщIэ утыку кърихьащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ док-тор, профессор, РАЕ-м и академик Дэхъу Магомед. Ар тетхыхьащ къаруушхуэ зыпхыкI гъущIхэкIхэр зэрызэтепщIыкI Iыхьэхэм я зэпылъыпIэм щызэхуихьэс гуащIэр къызэрапщытэ термодинамикэ IэмалыщIэм.
26 октября, 2025 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм жэпуэгъуэм и 22-м пресс-конференц щекIуэкIащ сабий зеиншэхэмрэ зи адэ-анэхэм ямыпIыжхэмрэ щыпсэункIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз зи гугъу ищIар, зи ныбжьыр илъэс 23-рэ хъуахэм ират федеральнэ сертификатым къыдэкIуэу, республикэм игъэува, унэ зратын хуейуэ зи чэзум пэплъэхэм зэ етыгъуэу хухах ахъшэрщ. Ар къыIах хъунущ илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 22-рэ зи ныбжьхэм.
25 октября, 2025 - 09:26
Къущхьэ Алим Аслъэн и къуэр Тэрч суд районым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум гъэувыным теухуауэ
«Урысей Федерацэм щыIэ зэзыгъэкIуж хеящIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №188- ФЗ-уэ1998 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдэкIам и 6-нэ, 7-нэ статьяхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
25 октября, 2025 - 08:18
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Малышев Андрей. Ар Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIэщ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм хэтыну къэкIуауэ.
Страницы
|