Жылагъуэ

Къандур зэщхьэгъусэхэр ягъэлъапIэ

«Синдика» хьэщIэщым шыщхьэуIум и 3-м щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми я Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин илъэс 85-рэ, адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Феде­рацэм, дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филоло­гие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа лъэпкъыбэ ки­нофестивалымрэ SIFFA киносаугъэ­тымрэ къызэзыгъэпэща икIи абы и презид

Фащэр псоми йокIу

Адыгейм щыщ пщащэ зэчиифIэхэм гукъэкI ­дахэ ящIри, Кавказым и щIыпIэ хэхахэм ящыщ зым ­кIуащ икIи махуэ гукъинэж щагъэкIуащ Къэ­рэшей-Шэрджэсыми и Архъыз бгы лъапэм. 

Адыгэ джэгур зэхаублэж

Мы махуэхэм Налшык къалэ дахэу щрагъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд щIауэ зыхуэзэша адыгэ джэгу. Коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиуб­гъуам и зэранкIэ пIалъэкIэ зэпагъэ­уауэ щыта мы Iуэхур щIэрыщIэу зэхэ­зыублэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ центрым дэIэпыкъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ министерствэр. Абыхэм къалэн ­нэ­хъыщхьэу зыхуагъэувыжар адыгэ лъэп­къым и щэнхабзэ бейр ­хъу­мэ­нырщ, егъэфIэкIуэнырщ.

Республикэр зыIэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэ­ралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и лэжьакIуэ па­жэхэр.

Гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр

КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэм я бжьыхьэ лэжьэгъуэ пIалъэр яублащ. Абы и япэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ 20-м щIигъум, депутатхэм гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр къагъэнаIуэу. Апхуэдэхэм халъытащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэныр, гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди ­зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпы­къуныр. 

Псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ зыщIар хэт?

 Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэмыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр нобэ хьэлэч дыдэщ. Зы хамэ гуэр къакIуэу зэтриуцIэпIауэ аракъым, дэ езым ди IэкIэ тхьыуэ хыфIэддзэ пхъэнкIийм щIигъэнауэ аращ ди псыхъуэ дахэ къомыр.
Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ ди псыхъуэхэр къабзэу щытащ. Сабий щыджэгунуи балигъхэм зыщагъэпсэхунуи гурыхьу апхуэдэт ди псы Iуфэхэр.

УзыншагъэмкIэ зэранщ

 Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.
 

Къуршылъэ-мывалъэри зекIуапIэщ

Шэрэдж районым и гъуэгухэм ящыщу тIур мы зэманым зэрагъэпэщыж. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къызыхуэтыншэу къыщагъэщIэрэщIэжхэм ящыщщ Шэрэдж районым и Балъкъэр Ипщэ - Мухъол автомобиль зекIуапIэмрэ (километр 1,8-рэ и кIыхьагъщ) Къэщкъэтаурэ Жэмтхьэлэрэ зэпызыщIэмрэ (километри 2,2-рэ). Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету.

Зыхуей хуагъазэ

Прохладнэ куейм хыхьэ Солдатскэ, Къэрэгъэш, Грабовец жылагъуэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгухэр мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы къыдэкIуэу «Къуажэ щIыпIэхэм зэIузэпэщу зегъэужьын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ километри 4-м нэблагъэ зи кIыхьагъ гъуэгур къыщагъэщIэрэщIэж Прохладнэ куейм и Солдатскэ станицэм и Плипиенкэ, Евсейченкэ, Абубекировым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. Гъуэгур йокIуалIэ сымаджэщым, школым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, администрацэм и унэм. 

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу 
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ республикэм и Прохладнэ районым щыIэ коммерческэ IуэхущIапIэм и сэбэп хэлъу щIыуэпс газ зэридыгъуар. 
Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ сом мелуан 24-рэ хэщIыныгъэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ