|
Жылагъуэ
7 сентября, 2023 - 14:00
Ди лъэпкъым дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м РСФСР-м хэту Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ Совет Социалист Республикэ къызэрыунэхуар. Абы щIыналъэм и жылагъуэ, къэрал зэхэтыкIэм и пщIэр нэхъ лъагэ ищIырт.
6 сентября, 2023 - 12:34
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэгъэпсым Къэралыгъуэм и махуэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд.
6 сентября, 2023 - 09:10
Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ макъамэ фестиваль. Абы хэтащ Урысеймрэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэмрэ къикIа волонтёр 800-м нэблагъэ. Пщыхьэщхьэ концертым еплъыну зезыгъэтхахэри куэд хъурт.
Щэбэт щIыхьэхум хэтхэр, езыхэр зэрыIэбэну Iэмэпсымэхэр яIыгъыу, кIапсэ гъуэгумкIэ дэкIри, Азау удзыпцIэм къыщыщIэдзауэ «Гарабаши» станцым нэс зэщIакъуащ. Къурш джабэр зыхуей хуэзыгъэзэну ежьахэм ящIыгъуащ къегъэлакIуэхэмрэ тэрмэшхэмрэ.
5 сентября, 2023 - 12:17
Илъэс зыкъом ипэ къэралым, лъэпкъым анэдэлъхубзэм теухуауэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм тетхыхьат бзэщIэныгъэлI Джаурджий Хьэтыкъэ. А лъэхъэнэм ди бзэр зэрыта щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа мы тхыгъэр нобэрей махуэм куэдкIэ тохуэ. Ауэ щытыкIэр куэдкIэ нэхъ екIэкIуащ, телевиденэмрэ радиомрэ интернетри къыхыхьэри, Iуэхур нэхъ хэплъэгъуэ ищIащ. Газетым тыдодзэ Джаурджийр зыгъэпIейтейуэ итха тхыгъэм щыщ пычыгъуэ:
5 сентября, 2023 - 11:15
Гъэш Жаннэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ, экскурсоводщ, зэдзэкIакIуэщ. Апхуэдэуи ар ящыщщ, гъэунэхуныгъэхэм пхыкIыу, зи Хэку, зи лъапсэ зыгъуэтыжахэм.
5 сентября, 2023 - 09:01
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и институтым IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт и зы пэшым иджыблагъэ фIащащ профессор, географие щIэныгъэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэ Борей Рауф и цIэр.
4 сентября, 2023 - 13:07
Ди республикэм мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Алмазов В. А. и цIэр зезыхьэ, лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ Кардиодиспансерым, Республикэ клиникэ сымаджэщым, къалэ поликлиникэ №1-м, 2-м, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ район сымаджэщхэм гу-лъынтхуэ узыфэхэм зэрыщеIэзэм, а унэтIыныгъэмкIэ я Iуэхур зэрызэтеублам.
4 сентября, 2023 - 12:27
ЗыхуэпэкIэм мыхьэнэ ирату игъащIэм къокIуэкI. ЦIыху гуп зэхэту уаздыхэплъэм, Iэмал имыIэу яхэплъэгъуэнущ зэкIужу хуэпа зыбжанэ. Ахэр къахощ. Абы ящыгъыр къэмыхъуа зырызу е лъэпсейуэ щымытынкIэ Iэмалыншэкъым - къызэрыгуэкI дыдэми игъэдахэнущ, ар и ныбжьым, и Iэпкълъэпкъым, зыхыхьэ Iуэхум гупсысэ хэлъу къыхухихмэ. ЕкIуу зызыхуэпэну хуеймкIэ, нобэ хуэдэу Iэмалрэ зэфIэкIрэ щыщыIа къэхъуакъым - щыгъыныр куэдщ, ахэр къахуэмыщэхун хуэдэу цIыхухэми къулейсыз яхэткъым, ауэ гъэщIэгъуэнращи, нэхъыбэ щыIэху, зыхуэпэкIэмыщIагъэм нэхъ зиубгъуурэ макIуэ.
4 сентября, 2023 - 10:44
Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Лэскэн щIыналъэм къызэрызэрагъэпэщрэ мы махуэхэм илъэс 20 ирокъу. Абы ирихьэлIэу Налшык къалэм дэт, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм теплъэ дахэ зиIэ сурэт зэужь фафIэшхуэр, «Лэскэну си щIыналъэ дахэ!» фIэщыгъэр зиIэр иджыблагъэ къыщыдэкIащ.
4 сентября, 2023 - 08:00
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм хыхьэхэм ящыщ дэтхэнэми езым и гъуэгу еубзыху. «ЕгъэджэкIуэным къыхуалъхуауэ» зыхужаIэхэу зи насып къикIахэр а IэнатIэм пэрытщ, гурыфIыгъуэ куэд къахуихьу, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу. Апхуэдэхэм ящыщщ Налшык дэт курыт школ №3-м илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къуней ФатIимэ Къасболэт и пхъур.
Страницы
|