|
Жылагъуэ
27 августа, 2023 - 09:32
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту, республикэм и еджапIэхэм уахуэзышэ автомобиль зекIуапIэхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.
27 августа, 2023 - 07:30
Хэку журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ зэрылажьэм папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ Дзэпщ и пхъум иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.
26 августа, 2023 - 10:14
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетымрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КИФУ-м и ректор Беспалов Дмитрийрэ. А зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, «Кавказ Ищхъэрэм и ОПК-м щылэжьэнухэр» проектыр ягъэзэщIэнущ.
25 августа, 2023 - 15:32
Урысейм и щIыналъэхэм щагъэзащIэ «ЩIыуэпс» къэрал пэхуэщIэм и сэбэпкIэ зэфIагъэувэж хэщIыныгъэ ин зыгъуэта псэущхьэхэмрэ къуалэхэмрэ я бжыгъэр. Ди республикэр къапщтэмэ, бгъэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар нэрылъагъущ. Нэхъапэхэм ахэр шыгъуэгу хадэхэм ящхьэщытт, цIыхур зыкъуэхуамэ, джэдкъаз бынхэм яхэуэу. ХъупIэхэри арат - къуршыбгъэ инхэм къыпакIухьыртэкъым Iэщ цIыкIухэм. Апхуэдэ хэщIыныгъэхэр къадэкIуащ щIыуэпсым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэми цIыхум абы ирих лейхэми.
25 августа, 2023 - 14:33
Иужьрей зэманым къэралыгъуэу дунейм тетыр щIы хъурейм и Ипщэ тIыгум (Антарктидэм) хуопабгъэ, абы и щэху зыщымыгъуазэхэм нэIуасэ зыхуащIын мурадкIэ.
Антарктикэр псом нэхърэ нэхъ щIыIэ щIыпIэ нэщIщ. Дэни хуэдэу, абы ущрохьэлIэ бгыхэми псыхэми, ауэ ахэр километритIым къыщыщIэдзауэ тхум нэсыху щIэгъэнащ зэи къэмыткIу мывэ джанэхэмкIэ. Апхуэдэ климат ткIийм емылъытауэ, абы ущрохьэлIэ дунейм и къэхъугъэ гъэщIэгъуэныщэхэм.
25 августа, 2023 - 12:44
ПцIым фIым ухуишэркъым
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ хамэ къэрал цIыхухэр Урысей Федерацэм хабзэншагъэкIэ къэгъэIэпхъуэныр щIыналъэм къыщызэгъэпэщыным пыщIа гупым ялэжьыр.
КъызэрыщIагъэщамкIэ, Гуляевэ М.А., Къейтыкъуэ К.К., Шанкан Ваил сымэ КъБР-м щыIэ МВД-м щIалъхьащ къакIуэхэм ятеухуа хъыбар нэпцIхэр зратха дэфтэрхэр. Ахэр я тегъэщIапIэу, IуэхущIапIэхэм щагъэхьэзыращ къэкIуэну хуит зыщI тхылъхэр.
25 августа, 2023 - 12:30
Адыгэхэм нэхъапэм хабзэ хьэлэмэт куэд зэрахьэу щытащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри епхащ лъэпкъым и дуней тетыкIэм, Iуэху зехьэкIэм, гупсысэм. Абыхэм ятеухуа тхыгъэ куэд дэфтэр хъумапIэхэм щыбгъуэтынущ, къыхощыж ахэр ди лъэпкъ художественнэ литературэми.
24 августа, 2023 - 12:41
Урысей Федерацэми Адыгэ Республикэми я цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгейм и Къэрал саугъэтым и япэ лауреат, СССР-м и композиторхэм я союзым и унафэщIу щыта Тхьэбысым Умар къызэралъхурэ шыщхьэуIум и 16-м илъэси 104-рэ зэрырикъур тегъэщIапIэ ящIри, тхыгъэкIэ, фильмкIэ ягу къагъэкIыжащ зыцIыхуу щытахэм, щIэблэр щагъэгъуэзащ зи цIэр щэнхабзэм къыхэна цIыхум и гъащIэм.
24 августа, 2023 - 09:23
Сочэ къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ куэдым я лейщ кхъужьыр. Ахъо (инжир), хъурмэ, пIэре (киви), тIамыплъ, хьэмэрэ Бразилием къраша фейхоа… А псоми мащIэщ яхэтыр хамэщI кърамышауэ. Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм етпхыу дызэса пхъэщхьэмыщхьэ куэдыр ди хэкум дыгъуасэ хуэдэщ къыщихьар, илъэс щитI-щищ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ. Ауэ пасэ зэман лъандэрэ Сочэ щагъэкI ди адэжьхэм къащIэна пхъэщхьэмыщхьей жыг, абы зэи нэгъуэщI щIыпIэ фыщрихьэлIэнукъым - ар кхъужьщ!
Адыгэхэм кхъужьыр зэрагъэкIыу щытам теухуауэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн къытхуигъэхьащ Лыхь Тимур.
Страницы
|