|
|
Абы дегъэпIейтей
14 апреля, 2026 - 09:00
Пермь крайм къыщыхъуа гузэвэгъуэм зэрыкъэралу игъэгужьеящ. Добрянкэ щIыпIэм дэт школ №5-м щIэс, илъэс 17-м ит ныбжьыщIэр урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм сэкIэ кIуэцIыуэри, цIыхубзыр сымаджэщым дунейм щехыжащ.
Багутэ Олеся илъэс 55-м итт. Иджы къызэрыщIэщымкIэ, щIалэр илъэс ипэкIэ къыхэнэжат, мыгъэрей къэпщытэныгъэр итыну хуит зэримыщIарщ егъэджакIуэр зэригъэкъуаншэр. ИщIэр ищIэжу, цIыхубзыр зэриукIам и щыхьэтщ абы чыцэм зыхигъапщкIуэу, егъэджакIуэр къэсыху зэрыпэплъар. ИужькIэ сабийхэм яхэкIиери, «дэтхэнэ зыми абы и махуэр къыфхуэзгъэкIуэнущ» яжриIащ.
13 апреля, 2026 - 09:05
Дагъыстэныр зыубыда псыдзэм хуэдэ республикэм 1882 гъэ лъандэрэ, языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ - 1919 гъэ лъандэрэ щалъэгъуакъым. Унэ мини 2-м щIигъу псым щIигъэнащ, цIыхуи 6 хэкIуэдащ, цIыху мин 15,5-рэ нэгъуэщIыпIэ ягъэIэпхъуащ.
6 апреля, 2026 - 07:41
«Уз къызэуэлIам зигъэхъужын папщIэ, хущхъуэ куэд къигъэщхьэпэн хуей мэхъу ди лъэхъэнэм, - жеIэ муслъымэн щIэныгъэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ щихъышхуэхэм язщ Кипрым щыщ Iэл-Хьэкъкъаний Мухьэмэд Назим. - Фи фIэщ фIымыщ а хущхъуэхэмрэ операцэхэмрэ фIэкIа нэгъуэщI зыри сэбэп кыфхуэмыхъуу!
ЦIыхухэр псори зи IэмыщIэ илъ Алыхьышхуэм хуэжыIэщIэу щытамэ, я узыншагъэри къихъумэнут, узи къыбгъэдигъэхьэнутэкъым. КъеуэлIа узыр хущхъуэкIэ фIэкIа пхуэмыгъэхъужыну егупсысыху, цIыхум и бэлыхьыр щхьэщыкIынукъым.
1 апреля, 2026 - 07:44
Политикхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ щызэдэлажьэкIэ, гу зылъатэмрэ абы ехьэлIауэ унафэ къащтэмрэ дэтхэнэ зыми къытлъоIэс. «Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэр» - апхуэдэущ къэралым и кIуэцIым зэрыщеджэр адыгэбзэр. Лъэпкъыбзэ «кIуэдыжхэм» тепсэлъыхьхэм а Iуэхум тегузэвыхь защI щхьэкIэ, а лIэужьыгъуэм узэрыхиубыдэу, къомылIэлIэжми зэрыхъунум и щыхьэтхэр зэрагъэуIун щIадзэ. Абы къыхэкIыу, зы цIыху закъуи къытхэткъым ди бзэм зыщIигъэкъуэну Iэмал имыIэу, сыту жыпIэмэ, бзэм и къарур къызэрапщытэр абы ирипсалъэхэм я бжыгъэрщ.
19 февраля, 2026 - 11:53
Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ щацIыху, гъунэгъу республикэм и муфтий Гацалов Хаджимурад и лъэпкъэгъухэм захуигъэзащ ефэ-ешхэкIэ зэрырагъэлейм къыхэкIыу.
16 февраля, 2026 - 11:40
Индием щыIэ Болливуд къалэм щIэныгъэ зэдауэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ дыгъэгъазэм и 30-м. Абы щызэпэщIэуващ уэрэдус Ахтар Джаведрэ муслъымэн щIэныгъэлI щIалэ Нэдуий Шамаилрэ.
«Зитэрэ Гитэрэ», «ЛъыщIэжымрэ хабзэмрэ» («Месть и закон»)
13 февраля, 2026 - 12:31
Хьэл-щэн дахэм IэщIагъэр иригъэфIакIуэрэ хьэмэ IэщIагъэм щэныфIагъым зригъэужьрэ? ЩэныфIагъыр хьэлщ, гум и щытыкIэм иукъуэдий зекIуэкIэщ. IэщIагъэр зэфIэкIщ, зебгъэужьыну Iэмал узыхуиIэ Iэпкълъэпкъымрэ акъылымрэ я къэгъэсэбэпыкIэщ. ТIури къыбдалъху хуэдэу щытщ, ауэ Сальери Моцарт зымыгъэхъур нэрылъагъукъым.
13 февраля, 2026 - 10:27
Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков «Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории» («Кавказ КъухьэпIэм и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхугъуэхэр») и тхылъ къызэрымыкIуэм и 282-нэ напэкIуэцIым къыщихьам дыкъоджэ: «Абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэхэр щытепщэу къэгъуэгурыкIуа хэгъэгухэм ящыщщ иджырей Къэрэшей-Шэрджэсри абы и зы Iыхьэ мылъытэ Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэри. А Iэхэлъахэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбэр абхъаз-адыгэбзэхэм хэт псалъэхэмкIи тхузэпкърыхынущ…».
6 февраля, 2026 - 11:15
«Хъуэмб» псалъэр махуэ къэс къэдгъэсэбэпхэм ящыщкъым. Псалъалъэм зэритымкIэ, ар биологием «клетка» жыхуиIэу, цIыху Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэт пкъыгъуэ цIыкIухэрщ. Нобэ я гугъу тщIынущ лышх узыфэм пэщIагъэувэну IэмалыщIэ е бгъэдыхьэкIэщIэ къызэIузыха щIэныгъэлIхэу Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зратахэм.
30 января, 2026 - 07:55
Гъэсэныгъэм епха чэнджэщхэр зэбгрызытыкI психологхэм ящыщу пщIэ нэхъ зиIэхэм язщ Бабаянц Алексей.
Адэ-анэхэм папщIэ чэнджэщ зэIущIэхэр ирегъэкIуэкI зи гугъу тщIы Бабаянц. Абы къиухащ совет зэманым «гущIэгъу зыхэлъ педагогикэ» унэтIыныгъэр къызэзыгъэпэщауэ щыта Амонашвили Шалвэ и цIэр зезыхьэ академиер. ГъэсакIуэ-психологыр и щхьэ течауэ топсэлъыхь языныкъуэ адэ-анэхэм я бынхэм деж щыхъыжьэурэ ягу зэрызыщагъэкIым, зэхущытыкIэм и нэщэнэхэу зыIэщIэбгъэкI мыхъунухэм, щIалэ цIыкIум и гъэсэныгъэр хъыджэбз цIыкIум ейм къызэрыщхьэщыкIыпхъэм.
Страницы
|