Абы дегъэпIейтей

Абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэхэр

ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну хуэщIэкъухэр мымащIэу зэрахэтыр. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр и щыпкъапIэм нэплъысыныр, зэрыщытар зэхагъэкIыныр я щхьэ тезымылъхьэхэрщ. 

Зэхэгъэж зыщI демократие

ЗымащIэкIэ зэманыр идгъэкIуэтыжмэ, Европэм ит къэрал псоми япэ иту, Данием 1929 гъэм хабзэ къищтауэ щытащ «дагъуэ зиIэхэм», «зыгуэр къызыхуэт цIыхухэм» бын къыщIамыгъэхъуэну хуиту. 1929-1967 гъэхэм къриубыдэу, цIыху мин 11-м бын яIэн Iэмалыр фIагъэкIуэдащ. Иужьрей операцэхэр щрагъэкIуэкIар 1972 гъэрщ. 

Гу зылъытапхъэ

Террорым пэщIэтыным хуэгъэзауэ 2025 гъэм къызэрагъэпэщыну яубзыхуа зыгъэсэныгъэхэм я планым, НАК-м и УнафэщIым Iэ зыщIидзам, ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабым 2025 гъэм фокIадэм и 25-м Налшык къалэм щригъэкIуэкIынущ террорым пэщIэтынымкIэ зыгъэсэныгъэхэр.
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым щIыналъэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ захуегъазэ пIалъэкIэ ягъэувыну мардэхэм зрагъэувэнкIэ хъуну щытыкIэр зэхащIыкIыну икIи къагурыIуэну.

Эминэрэ Меланиерэ я зэхуэтхэныгъэр

Тыркум и президентым и щхьэгъусэ Эрдоган Эминэ тхыгъэ зэIухакIэ зыхуигъэзащ США-м и президентым и щхьэгъусэ Трамп Мелание. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар дунейм щекIуэкI зэрызехьэхэм сабийхэр гущIэгъуншэу зэрыхэкIуадэрщ. 

ГущIэгъуншагъэр пшыныжыгъуейщ

КъыздикIар ямыщIэ, зыми имей хьэхэм, джэдухэм, абыхэм хуэдэ нэгъуэщIхэми гулъытэ яхуэщIын зэрыхуейр япэ дыдэу къэрал Iуэху щащIар 1992 гъэращ. Абы щыгъуэщ, Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу США-м щыIэм и жэрдэмкIэ, а махуэр дунейпсо махуэгъэпсым щыхагъэхьар.

Къыхуеджэныгъэр а къэралым щыдаIыгъащ лъакъуиплIкIэ зекIуэ псэущхьэхэм ядэIэпыкъуныр зи пщэрылъу къэзылъытэ цIыху псоми. Куэд дэмыкIыу а Iуэхум нэгъуэщI хэгъэгухэми зыщиужьащ.

Насыпыр пIэщIэмыкI щIыкIэ

Сатыр куэд пхузэпыщэнущ анэм и лъапIагъым, абы пщIэ хуэпщIын, ухуэсакъын, и ныбжьыр хэкIуатэмэ, укIэлъыплъыжын зэрыхуейм теухуауэ. Ауэ а псалъэхэр къодаIуэм и гум щынэсынур уэ езым бгъэунэхуар абыхэм «макъамэу» ящIэлъмэщ. 

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ. Абы къыхэкIыу, ди республикэм щыпсэухэм ягу къэгъэкIыжыпхъэщ мы гъэм дызэрыт мазэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс къыщыхъеинымкIэ шынагъуэ щыIэ зэрыхъуар. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэр и нэхъыбэм «къызыпэкIуэр» цIыхухэм я Iэпэдэгъэлэлагъымрэ я гудзакъэншагъэмрэщ. 

Хэкум и псэр бзэрщ

Бзэр къарууншэ зэрыхъумрэ щIалэгъуалэр Хэкум зэрикIымрэ нэхърэ нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэ щекIуэкI къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм. А IуэхугъуитIым хэкIыпIэрэ гупсысэу ирахьэлIэм тедгъэпсэлъыхьащ мы махуэхэм «Адыгэ псалъэм» къытхуеблэгъа Гуанэ (Махъсидэ) Аидэрэ Емкъуж Элинэрэ.

Нереис - псэущхьэ цIыкIу

Нереисыр уэшх хьэмбылум ещхьщ. Абы и Iэпкълъэпкъыр «уэрдыхъу» цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъми ярейщ. Нереисхэм яхэтщ сантиметр 4-5 фIэкIа мыхъу кIагуэ жьгъейхэри, метр ныкъуэм фIэкIыу нэхъ кIыхьыIуэхэри. ТIуми шхыныгъуэу яIэр ятIэ щабэщ, плъыжьыфэу, гъуабжафэу е щхъуантIафэу. Нереисыр псэущхьэ къиинкъым, абы псыр шыугъэми мышуми и зэхуэдэщ. Лъышэ (кислород) щымыIэххэми къемэщIэкIми, абы щхьэкIэ гузэвэгъуэ хэткъым.

АдыгэбзэкIэ еджэн зэрыщIадзэжар

ЦIыху куэд ирызодауэ иджырей сабийхэр школым зэрыщегъэджэн хуей бзэм теухуауэ. Зы гупым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэм тегъэхьэн хуейуэ къалъытэ, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун папщIэ. Адрейхэм ар ядэркъым, сыту жыпIэмэ, къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм урысыбзэ фIыуэ ямыщIэмэ, я щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэну Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр яфIэкIуэдынущ. Архивхэм къыщыдгъуэтыжащ ди щIыналъэр зэгуэр а щытыкIэм зэритамрэ абы къызэрикIамрэ теухуа щыхьэтхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей