|
|
Абы дегъэпIейтей
14 августа, 2025 - 06:30
Сатыр куэд пхузэпыщэнущ анэм и лъапIагъым, абы пщIэ хуэпщIын, ухуэсакъын, и ныбжьыр хэкIуатэмэ, укIэлъыплъыжын зэрыхуейм теухуауэ. Ауэ а псалъэхэр къодаIуэм и гум щынэсынур уэ езым бгъэунэхуар абыхэм «макъамэу» ящIэлъмэщ.
11 июля, 2025 - 12:30
Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ. Абы къыхэкIыу, ди республикэм щыпсэухэм ягу къэгъэкIыжыпхъэщ мы гъэм дызэрыт мазэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс къыщыхъеинымкIэ шынагъуэ щыIэ зэрыхъуар. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэр и нэхъыбэм «къызыпэкIуэр» цIыхухэм я Iэпэдэгъэлэлагъымрэ я гудзакъэншагъэмрэщ.
10 июля, 2025 - 07:01
Бзэр къарууншэ зэрыхъумрэ щIалэгъуалэр Хэкум зэрикIымрэ нэхърэ нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэ щекIуэкI къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм. А IуэхугъуитIым хэкIыпIэрэ гупсысэу ирахьэлIэм тедгъэпсэлъыхьащ мы махуэхэм «Адыгэ псалъэм» къытхуеблэгъа Гуанэ (Махъсидэ) Аидэрэ Емкъуж Элинэрэ.
20 июня, 2025 - 09:42
Нереисыр уэшх хьэмбылум ещхьщ. Абы и Iэпкълъэпкъыр «уэрдыхъу» цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъми ярейщ. Нереисхэм яхэтщ сантиметр 4-5 фIэкIа мыхъу кIагуэ жьгъейхэри, метр ныкъуэм фIэкIыу нэхъ кIыхьыIуэхэри. ТIуми шхыныгъуэу яIэр ятIэ щабэщ, плъыжьыфэу, гъуабжафэу е щхъуантIафэу. Нереисыр псэущхьэ къиинкъым, абы псыр шыугъэми мышуми и зэхуэдэщ. Лъышэ (кислород) щымыIэххэми къемэщIэкIми, абы щхьэкIэ гузэвэгъуэ хэткъым.
19 июня, 2025 - 08:18
ЦIыху куэд ирызодауэ иджырей сабийхэр школым зэрыщегъэджэн хуей бзэм теухуауэ. Зы гупым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэм тегъэхьэн хуейуэ къалъытэ, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун папщIэ. Адрейхэм ар ядэркъым, сыту жыпIэмэ, къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм урысыбзэ фIыуэ ямыщIэмэ, я щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэну Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр яфIэкIуэдынущ. Архивхэм къыщыдгъуэтыжащ ди щIыналъэр зэгуэр а щытыкIэм зэритамрэ абы къызэрикIамрэ теухуа щыхьэтхэр.
28 мая, 2025 - 10:00
Накъыгъэм и 19 - 21-хэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ «ХабзэкIэ цIыхубэм къадекIуэкI динхэр иджырей нацизмэмрэ мажусиигъэм и лIэужьыгъуэщIэхэмрэ зэрапэщIэтыр» зэхуэсышхуэ.
13 мая, 2025 - 09:26
Илъэс блэкIам Адыгэ республикэм урысыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ адыгэ дин щIэныгъэлI, узэщIакIуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкIэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкI напэкIуэцIхэр» тхылъыр. IэщIагъэлI зыбжанэм ягъэхьэзыра зэдзэкIыгъэм я гуащIэ халъхьащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмкIэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зайцев Илья, Адыгэ республикэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хъуэткъуэ Самир, Кавказымрэ
12 мая, 2025 - 11:36
Зауэ нэужьым республикэм гъащIэр зэрыщызэфIэувэжа щIыкIэм и зы Iыхьэщ лъэпкъ интеллигенцэм къикIуа гъуэгуанэри. I947 гъэм Къэбэрдей АССР-м и ВКП(б)-м и обкомым и япэ секретарь Мазин Николай утыку кърихьа къэпсэлъэныгъэм тхакIуэхэр зыIута IэнатIэр нэгум къыщIегъэхьэ.
11 апреля, 2025 - 16:24
«Къэзыгъэзэж» псалъэр зрапхыр хамэ къэрал гуэрым щыпсэууэ, зи Хэку зэзыгъэгъуэтыжыну хуей цIыхурщ. УФ-м и Къэрал Думэм гъатхэпэм и 25-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсым Хэкум къэIэпхъуэжын Iуэхур апхуэдэ гукъыдэж зиIэхэм нэхъ псынщIэ щащIын мурадкIэ жэрдэмыщIэ къыщыхалъхьащ.
«О репатриации» («Къэралым къэгъэзэжыным теухуауэ») хабзэщIэм и проектыр Думэм и пащхьэ кърихьащ СНГ-м хиубыдэ къэралхэм я Iуэху зезыхуэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ, депутат Затулин Константин.
3 марта, 2025 - 08:42
Ди бзэр мэкIуэдыж жытIэурэ дытхьэусыхэ щхьэкIэ, ар зэзыгъэщIэну хуейхэм я бжыгъэри мащIэкъым.
Страницы
|