Абы дегъэпIейтей

Абхъазым щекIуэкI Iэуэлъауэхэр

         «Абхъазым и президент Бжание Аслъэн и къулыкъур зыщхьэщихащ». А хъыбарыр пэжу къыщIэкIын и пэ, лIыщхьэр щэхуу правительствэм и унэм зэрыщIашар, зэрагъэпщкIуар,  арщхьэкIэ Iуэхур иджыри зыхуэкIуэжынур зэрымыгурыIуэгъуэр зэхэтхащ.

Ди бзэр - зыщ

Ди газетыр илъэси 100 зэрырикъуар щыдгъэлъэпIа мы илъэсым иджыри къэс диIа гуращэхэм ящыщ зым дытеIэбауэ пхужыIэнущ. Зи гугъу сщIынур адыгэбзэкIэ газет къыщыдэкI республикищым къыщыдахыу, екIуу зэфIэгъэкIа, «Ди бзэр зыщ» проектыщIэрщ. 

Узэгупсысыжыну зэи лейкъым

Шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор, Iимам Щхьэныкъуэ Анзор и дерсхэм щыщ пычыгъуэу фи пащхьэ итлъхьэр зытеухуар цIыху гъэсам къыдэIэпыкъуахэм фIыщIэ яхуищIын хьэл зэрыхэлъыпхъэрщ. Хьэдисми къыщокIуэ: «ЦIыхум фIыщIэ хуэзымыщIым Алыхьталэми хуищIыркъым». Нэхъ дахэжуи нэгъуэщI щыIэщ: «ФIыщIэ псалъэр зэи кIыхьыIуэ хъуркъым». ДевгъэдаIуэт Iимамым и псалъэхэм:

Пэжри щIэгъэкъуэн хуэныкъуэщ

  ЩэкIуэгъуэм и 12-м «Азимут» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ урысейпсо мыхьэнэ зиIэ дин щIэныгъэ конференц: «Урысейм и муслъымэн цIыхубэр зым тетыпхъэщ».

Газетхэм дзыхь нэхъ хуащI

Санкт-Петербург илъэс къэс щекIуэкI ЭкономикэмкIэ зэхуэсышхуэм я зым газет-журналхэр къыдэзыгъэкI хьэрычэтыщIэхэр щылэжьа зэIущIи хэтауэ къыщIэкIащ. Печатым елэжь IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и вице-президент Абов Евгений утыку кърихьат 2030 гъэ пщIондэ газетхэмрэ журналхэмрэ я Iуэхур зэрыхъунумрэ зэманым абыхэм зэхъуэкIыныгъэ яхилъхьэнухэмрэ ятеухуа къэпсэлъэныгъэр. Дауи, экономикэм епха зэхуэсышхуэм мыхьэнэ нэхъ зратар газетхэм къытехуэ тхыгъэхэракъым, атIэ абыхэм къалэжьыф ахъшэрщ.

ЗыкъызыфIэщIыжар щIогъуэж

«Адыгэ псалъэжьхэр» тхылъым щIэх-щIэхыурэ ущIэджыкIмэ, зэ мыхъуми зэ укъэзыгъэуIэбжь, уеблэмэ иджырей адыгэбзэмкIэ зыгурумыгъэIуэжыф гуэрхэм уарохьэлIэ. Апхуэдэ псалъэжьхэм хыубжэ хъунущ «Пагэр мэгыз» жыхуиIэри. 

БэлэрыгъыпIэ диIэжкъым

    «Квадробер» цIэ гъэщIэгъуэныр зыфIаща сабийхэр дэ зыщIыпIи щытлъэгъуакъым, ахэр здэщыIэр Европэмрэ Америкэмрэщ жытIэурэ, зи гугъу тщIы «хьэлъакъуиплIхэр» Налшык уэрамми къыдэзэрыхьауэ къыщIэкIащ. 
   Нэхъыбэм ар интернет Iэмал къудейкIэ зэрагъэпэща видео нэпцIу хуагъэфащэ, адрейхэм я фIэщ мэхъу. Ауэ иджыри къэс ныбжьым дэкIуэдыну къытфIэщIа зэштегъэур ущытеплъэкъукъукIыпхъэ щытыкIэм зэримытыжыр пэжщ. 

Жыг пэтми-фэеплъщ

Хы фIыцIэ Iуфэм Iус Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу Iут, ныбжь ин дыдэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр абдежым зэгъунэгъуу щыпсэуа шапсыгъ адыгэхэмрэ убыххэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ я тхьэ елъэIупIэжьт.

Ахъшэр бгуэшыну гугъущ

ЦIыху куэд игъэпIейтеящ иджыблагъэ «Валберис» интернет тыкуэным и хэщIапIэм щекIуэкIа Iэуэлъауэм.

Уэрам щIагъуэ урикIуэфынукъым иджыпсту зи щIэбзэр шакъафэ, «WB» хьэрф хужьхэр къызытещ, Бакальчук зэщхьэгъусэхэу Татьянэрэ Владиславрэ илъэс куэд щIауэ ягъэлажьэ хьэпшып зэIэпыхыпIэм и дамыгъэр нэм къыфIэмынэу. Пудми лъапIэми емылъытэщауэ, зэманым и нэщэнэ хъуащ уи унэ ущIэсу узыхуейр къэпщэхуныр. Ди къэралым абыхэм ящыщу нэхъ щызекIуэр «Озон»-мрэ нобэ щхьэхуимыту и гугъу дэзыгъэщI «Валберис»-мрэщ.

Банэхэр, дзакъэхэр, пIастхъэхэр…

Иужьрей зэманым цIыху цIыкIур делэ зэрыхъукI зытегъэупIэ шынагъуэу интернетым куэду къыщIигъэщ хъуащ «квадробика» жыхуаIэр. Мы гъэм Урысейм къыщызэщIэрыуащ абы теухуа псалъэмакъэхэр. Хэт квадроберхэр езыхэр? Псэущхьэ нэпцI зызыщI цIыхухэщ – лъакъуиплIкIэ къажыхь, блэкIхэм йодзакъэ, уэрамым тет хьэхэм яжьэхолъэ. Псэущхьэ зэхуэмыдэхэм я нэкIуIупхъуэ яIулъщ, кIапэ зыпагъэуващ. «Квадроберхэм» нэхъыбэу зыхашэр зи акъыл зэрымыубыда, балигъыпIэ имыувахэрщ, ныбжьыщIэхэрщ. Ауэ ущрихьэлIэ щыIэщ квадробер-балигъхэми. Интернетым из хъуащ «щIалэгъуалэ - хьэкIэкхъуэкIэхэр» къызэрыщ сурэтхэмрэ видеохэмрэ. Квадроберхэр къалэхэм къыдохьэ я псэущхьэ фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу, тыкуэнхэм щIохьэ, мэщахуэ, «я нэгу зрагъэужь».

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей