Абы дегъэпIейтей

ЕсыкIэ зыщIэр си закъуэт

     МЧС-м и къэзыбж комиссэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и закъуэ цIыху балигъыу 1231-рэ псым итхьэлащ. Абыхэм ящыщу сабийхэм я бжыгъэр 228-рэ мэхъу. Илъэс блэкIам а нагъыщэхэр зы мащIэкIэ нэхъ цIыкIут. ЗэрыжаIэмкIэ, нэхъ узыгъэгузавэ щытыкIэм итщ Мэзкуу, Новосибирск областхэр, Башкортостан республикэмрэ Красноярск краймрэ. Ауэ щыхъукIэ, псым итхьэлэрэ пэт, цIыху 400 кърагъэлыфащ, абыхэм ящыщу 102-р сабийт. 

Къемызэгъым пащэ мыхъумэ…

Мы махуэхэм теддзащ электрокъарукIэ зекIуэ самокатхэм зэраныгъэ къазэрыдэкIуэм теухуа тхыгъэ. Махуэ зыбжанэ дэкIри, Урысейм и телеканалхэм ягъэлъагъуэу хуежьащ ахэр здынэса щIыналъэхэр абыхэм я бийуэ икIи щыгъэIэххэн хуэмейуэ къызэрыувамрэ а Iуэхум къежьапIэ хуэхъуа щхьэусыгъуэхэмрэ ятеухуа нэтынхэр.

Хэт скутерхэр къытхуэзышар?

Налшык и лъэс зекIуапIэхэм къызэрыщажыхь электросамокатхэм ятеухуа псалъэмакъыр щIэмычэу екIуэкI зэпытщ икIи фIэщщIыгъуейщ, цIыхухэм зыкIи емыгупсысу, ахэр къытхуэзышахэр пщэдей, щIегъуэжу, зэщIакъуэжыныр.

Иджыпсту сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэщ. Абыхэм ящыщ куэдым теупIэу яIэщ зи гугъу тщIа скутерхэр. Ахэр, зэрыфлъагъущи, хьэлъэщ, псынщIэу къажыхь, куэдрэ зэрыжытIащи, сабийхэм е ныбжь зиIэхэм яжьэхэуэмэ, фэбжь хьэлъэ хахын хуэдэу шынагъуэу.

ЕгъэджакIуэ ныкъуэкъуэх

  Накъыгъэм и иужьрей тхьэмахуитIым Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ нэкIур щIэзыхъумэ щыгъынхэр ямыдэну. ЖэрдэмыщIэр утыку къизыхьа вице-спикер Даванков Владислав зэрыжиIэмкIэ, муслъымэн зыхуэпэкIэр къагъэщхьэпэу, щIэпхъаджащIэхэм лей зэрахьэфынущ. 
ДинкIэ зэпэщIэтыныгъэ къамыгъэхъуныр нэхъ яфIэигъуэу, Думэм Даванковым и жэрдэмыр зыкъомрэ IуигъэкIуэтащ. Иджы щIэрыщIэу къыхалъхьэжауэ, никъаб зыIузылъхьэм тезыру сом мин I5-м щегъэжьауэ 30-м нэсу тралъхьэну хуит зыщI хабзэм теухуа унафэ ягъэхьэзыр. 

Бэлэрыгъыр хилъэфэнущ

УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Бзэ щIэныгъэ институтым хэт, зи цIыху бжыгъэр куэд мыхъу лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымкIэ лабораторэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Казакевич Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, бзэхэр хуэм-хуэмурэщ зэрыкIуэдыжыр. 

 Зыр адрейм нэхърэ нэхъ махэ е нэхъ лъэщ хъуныр къызыхэкIыр социально-экономикэ лъэныкъуэкIэ щыIэ зэхуэмыдэныгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, я хэку цIыкIум къыщалэжьыр мащIэмэ, цIыхухэр улахуэр щынэхъ ин, ауэ и бзэр къыщымысэбэп, бзэ нэхъ лъэрызехьэ здэщыIэм макIуэ. Абы и бынхэри къыщохъу, хошыпсыхьыж.

АдэкIэ икIуэтыпIэ диIэжкъым

 - «Адыгэ псалъэм» еджэхэмрэ дэ зи гулъытэ къэтлъыхъуэхэмрэ зэтехуэ си гугъэкъым, - ди жагъуэ имыщIу Iуэхур зыIутыр къыдгурегъаIуэ «Зерат» еджапIэм и унафэщI Абыкъу Роман. - Фи газетыр зыIэрыхьэр адыгэбзэ фIыуэ зыщIэ, абы ирипсалъэ къудей мыхъуу, иригупсысэ, анэдэлъхубзэкIэ еджэф цIыхухэрщ. «Лъэпкъым и дыщэ фонд» жыхуаIэращ ахэр. Дэ дызыдэлажьэр адыгэбзэ зымыщIэхэрщ, аращи, ттеухуа тхыгъэм къеджэ хъумэ: «Сыту фIыт, ди гуапэщ» жаIэнщи, аркъудейщ. 

Еджэным зэран щыхуэмыхъукIэ

   Накъыгъэм и иужьрей тхьэмахуитIым Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ нэкIур щIэзыхъумэ щыгъынхэр ямыдэну. ЖэрдэмыщIэр утыку къизыхьа вице-спикер Даванков Владислав зэрыжиIэмкIэ, муслъымэн зыхуэпэкIэр къагъэщхьэпэу, щIэпхъаджащIэхэм лей зэрахьэфынущ.

Дыщэ къабзиймрэ напэ къабзэмрэ

 «Урысейм и дыщэ къабзий» - апхуэдэцIэ зэрехьэ 1996 гъэм ягъэува, УФ-м журналист нэхъыфIу къыщалъытэхэр илъэс къэс щIызэпрагъауэ мылъку саугъэтым. Гъатхэпэм и 27-м Мэзкуу щекIуэкIащ мыгъэрей текIуэныгъэм зи насып хэлъу къыщIэкIахэр щагъэлъэпIа пшыхь. Ар къыщызэIуихым, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьёв Владимир къэпсэлъащ. 

Нэхъыбэ къыщызлэжьыр си Хэкущ

«ЩIалэгъуалэр Хэкум йокI!» Ар къулыкъущIэхэм къафIэIуэхун хуей гуэру зэрыщытыр утыку къыщрахьащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием я Парламентым. 

Интернет щIэпхъаджащIэхэм защыхъумэн хуейщ

«Синий кит» интернет джэгукIэ шынагъуэм СМИ-р тепсэлъыхь хъуащ 2016 гъэм. «Новая газета»-м и зы къыдэкIыгъуэм тетащ Мурсалиевэ Галинэ и тхыгъэ, интернет напэкIуэцIхэм ныбжьыщIэхэр заукIыжыну къызыщыхураджэ гуп шынагъуэхэр зэрыщызэщIэлъэIэсым теухуауэ. Ар интернетым щагъэлажьэ сектэ шынагъуэхэм тепсэлъыхьырт, Урысейм и ныбжьыщIи 130-м нэблагъэ абыхэм ятекIуэдауэ хуигъэфащэрт. Iуэхугъуэм тепсэлъыхьырт, зэпкърахынуи и ужь итт жылагъуэ лэжьакIуэхэри щIэныгъэлIхэри. Нэхъыбэ дыдэу хэIущIыIу хъуа джэгукIэ шынагъуэхэм ящыщт «Синий кит» зыфIащар.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей