Абы дегъэпIейтей

Псэр щыдакъузэ гъэсэныгъэ

ФокIадэр къызэрысу, школакIуэхэм зэрызахуэпэн хуей щIыкIэм теухуа зэдауэхэм  я бжыгъэр мэбагъуэ. Илъэс къэс я диным хуэфэщэну захуэпэну зыхуамыдэ муслъымэн  хъыджэбз цIыкIухэм я цIэхэр зэхыдох. Зэзэмызэ а макъхэм къахозэрыхь школым ныкъуэхуапэу, е «узижагъуэн зи махуэ гуэру» хуэпауэ  екIуэлIэну хуейхэм я хъыбар.

Зыри занщIэу щихъ хъуркъым

ФэдгъэцIыхуну ди гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту Бахъсэн дэт «Кушмэзыкъуей» мэжджытышхуэм щылажьэ Дэгу (Хьэфиз) Мадинэ. Куэд щIакъым Налшык КъурIэнымрэ фикъхьымкIэ республикэпсо зэпеуэ зэрыщекIуэкIрэ. Мадинэ и гъэсэн Беслъэней Самирэ абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

Iэл-Бухъарий и «Сэхьихь»-м къыщхьэщож

 ШыщхьэуIум  и  29-м  Тэтэрстаным  и Лаишевск  судым къилъытащ  муслъымэн  щIэныгъэлI  цIэрыIуэ  Iэл-Бухъарий и «Сэхьихь»  тхылъым  и  урысыбзэ  зэдзэкIыгъэхэм  я  зыр  щIэпхъаджагъэ  зыхэлъ  лэжьыгъэу.   Мыарэзыныгъэ  къагъэнаIуэу,  утыку  къихьахэщ  Шэшэным  и  УнафэщI Кадыров  Рамзан,  муфтий  Межиев  Сэлахь, нэгъуэщIхэри.

Лажьэ зимыIэм пцIы тралъхьэ

 Iуэху гъэщIэгъуэн щокIуэкI ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием. Владикавказ щыцэрыIуэ, «Сидамон» телеграм напэкIуэцIыр зезыхьэ блогер Мисиков Бэтрэз хабзэхъумэхэм натIэрыуапIэ ящIащ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым осетин лIыхъужь гуэрым еймкIэ яхъуэжыну хэтахэм къазэрыщхьэщыжам щхьэкIэ. 
 

И теплъэр - гуакIуэу, и кIуэцIыр - дзыхьщIыгъуэджэу

Германием и къалащхьэ Берлин мэжджыт зыфIэзыщыжа унэ гъэщIэгъуэн дэтщ. «Ибн Рушд – Гёте» цIэм уигу къигъэкIын хуейр ар къызэзыгъэпэщам къуэкIыпIэми къухьэпIэми я щэнхабзэр къабыл зэрищIырщ. ИтIани, муслъымэн дунейр къызэщIигъэхъеящ мэрем махуэхэм я зым ирихьэлIэу, абы и IуплъапIэм «адрейхэм емыщхь дуней тетыкIэ зиIэхэм» яIэт нып зэмыфэгъур къызэрыфIадзар.

Пэжым и гъэр Ассанж Джулиан

 Инджылызым и суд нэхъыщхьэм унафэ къищтащ илъэсипщI хъуауэ Лондон тутнакъыу щаIыгъ журналист Ассанж Джулиан США-м ирагъэшэжыну.

Егъэджэныгъэмрэ ар къызэрапщытэ Iэмалхэмрэ

 Зыми хужыIэнукъым гъэсэныгъэ Iэмалхэу ткIиягъымрэ щабагъымрэ я пщалъэр зыхуэдизыр. Псори зэлъытар сабийм и хьэлырщ. Зыр щхьэзыфIэфIщи, уи нэщхъыр хузэхыумыукIэу хъуркъым. Адрейм «тху» къыхуэмыхьмэ, адэ-анэм фIыуэ къамылъагъужыну къыщохъури, хуагъэувар къыпфIэмыIуэху хуэдэу зыкъебгъэлъагъун хуейщ. 
 «Пхуэмытмэ, укъыдэмыхьэж!», «Си напэр тепхауэ бжы!», «Нэхъ мащIэ къэпхьауэ зызумыгъэлъагъу!» Апхуэдэ «лъагъуныгъэм» щIапIыкIа сабийхэрщ иужькIэ я адэ-анэхэм япэувыжхэри, егъэджакIуэхэм ефыщIауэхэри, мыхъумыщIагъэ нэхъ икIэхэм тегушхуэхэри. 

Уэрэ сэрэ

 Узбекистаным къыщыхъуа нысашэ хъыбарым дунейр къызэхикIухьри, Кавказми къэсащ. ЩIали хъыджэбзи, жьыи щIэи я нэгу щIэкIам я щхьэфэцыр игъэтэджащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ къигъэгубжьащи. 

Къуалэбзум къахохъуэж

Урысейм и щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Къэбэрдей - Балъкъэрым щыбагъуэу хуежьащ дыкъэзыухъуреихь дунейм мащIэу фIэкIа узыщримыхьэлIэж къуршыбгъэхэр.

Акъылыншэм и Iуэхур щхьэхуэщ

Муслъымэнхэр зылъагъу мыхъу цIыху зэрыщыIэр гурыIуэгъуэщ, ауэ НэщI мазэм утыкум укъихьэу, дуней псор къыпщIэплъу КъурIэн бгъэсын папщIэ, е акъылкIэ усымаджэу, е укъызэкъуэгушхукI щыIэу щытын хуейщ.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей