ЩIалэгъуэ

Уахэм къыщалъэгъуащ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ.

Химие щIэныгъэм и щэхухэм теухуауэ

Химие щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Къуэкъуей (Алмэ) Анетэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ, Къэхъун унагъуэу щопсэу. 

ЩIыуэпсыр зэрызыхэтщIэщ

ЛъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр, «велотуризм» жыхуаIэр, нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу Iэмал гъуэзэджэхэм ящыщщ. Абы хузэфIокI, лъэсу къэпкIухькIэ щIэх зэщIумыгъэхьэфын, автомашинэкIэ уздынэмысын щIыпIэ телъыджэхэр къуигъэплъыхьын. Апхуэдэ гъуэгуанэ техьэныр цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж, и псэм нэхур хэзыгъапсэ, зезыгъэгъэпсэху, махуэ къэс къыдэгъуэгурыкIуэ «къызэрыгуэкI» дунейм щыхэтым деж зыхимыщIэ гугъэпсэхугъуэм изышэщ, «медитация», «философия» псалъэхэм къызэщIрагъэубыдэ гупсысэкIэм лъэмыкIыу нэхъ гъунэгъу хуэзыщIщ.

Дахагъэм и дохутыр

Дунейпсо тхыдэм къызэрихутамкIэ, япэ дыдэу сэхусэплъыр къыщежьар ди лъэхъэнэм ипэжкIэщ, илъэс мини 4 - 5-кIэ узэ­IэбэкIыжмэ.

Япэ уэзджынэм и гуфIэгъуэшхуэ

Ди щIыналъэм и махуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ нобэрейр. Дыщыпсэу къэралышхуэм и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ ЩIэныгъэхэм я махуэр. БлэкIа илъэситIым, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дуней псом зыщиубгъуауэ щыщыта лъэхъэнэ гугъум, хуэ­мы­дэу фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Iэтауэ дэнэкIи щокIуэкI. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм нышэдибэ къыдыхьащ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуопIащIэ я школхэм ще­кIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм.

КъызэрымыкIуэу зэщIэлыдэу

Астрономхэм иджыблагъэ япэ дыдэу къалъэгъуащ «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

ПщIэрэ нэмысрэ зыхэлъ сэлэт

Къэралым дзэ къулыкъу хуэ­щIэныр икъукIэ жэуаплы­ныгъэш­хуэ зыпылъ къалэнхэм ящыщ зыщ икIи пщIэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Мы махуэхэм ди Хэкум и щIыпIэ куэдым ар щрахьэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и­кIа ди лъэпкъэгъухэм. ТIуа­щIэу гуапэ мэхъу ахэр зыхэхуа гупхэм ­къахэжаныкIыу, пщIэрэ нэмыс­рэ къыщагъэлъагъуэу хъыбар къыщытIэрыхьэм деж.

КъэкIуэнур зей пщащэ

Мы тхыгъэр зытеухуа Къанэмэт ФатIимэ куэдым зезыпщыт, зи зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ, щIэ куэд зэзыгъэлъагъу, щIыналъэри къэралри зэрыгушхуэ, нэхъыбэжкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэм ящыщщ. 
 

УщепсыхынкIэ Iэмал зимыIэ

КIэи пэи зыдумылъагъу уахэм и зы къуэгъэнапIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) астрофизикхэм къыщагъуэтащ, и щIыгум къыщешх «уэшхыр» зэрыгужьеигъуэ дыдэм къыхэкIыу, жыхьэнмэм хуагъэда планетэ шынагъуэ.

 

ТпэIэщIэ къытфIэщIми

Астрономхэр куэд щIауэ йогупсыс уахэ жыжьэм ит вагъуэ бжыгъэншэхэм ящыщ гуэрхэр ди Дыгъэм и къэухьым гъунэгъу зыкъыщыхуащIкIэ къэхъунур зыхуэдэм.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ