|
|
ЩIалэгъуэ
30 января, 2026 - 07:54
КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр цIыкIу щIыкIэ зыдэплъагъу сабийхэр щыIэщ. Къэзахъстаным хыхьэ Актобе къалэм щыщ Жапалаковэ Марьям зэрыхъур илъэс 12 къудейщ, ауэ цIыху мелуанхэр кIэлъоплъ абы и напэкIуэцIым къыщит «Унагъуэ хъыбархэм».
27 января, 2026 - 09:26
Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я унэ дэтым щIышылэм и 23-м пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, Урысейм и студентыгъуэм и махуэм теухуауэ.
Пшыхьыр ирагъэжьащ Урысеймрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр, волонтёрхэр.
26 января, 2026 - 14:54
Псыкъелъэхэр щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ телъыджэхэм ящыщщ.
26 января, 2026 - 11:14
Астрофизикхэм уахэм къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытэр квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
19 января, 2026 - 15:56
ЩIыналъэм и щытыкIэр къэпщIэну ухуеймэ, ихъуреягъкIэ зыплъыхь. Пщэдей Хэкум щыпсэуну щIалэгъуалэм я гуращэхэр къыщалъхуа щIыпIэм ирапхмэ, абы насыпыфIэ зэрыщыхъунум шэч къытрамыхьэмэ, псори дэгъуэщ, ущIэгузэвэн щыIэкъым.
5 января, 2026 - 12:03
Адыгэ пащащэ жан, дэрбзэр, зи адыгэпсэр, зи гупсысэхэр лъэпкъ гурыгъузкIэ къулей Щоджэн Дианэ Дзэлыкъуэдэс щыщщ.
3 января, 2026 - 07:48
КIэрэф Тимур Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым и студентщ.
31 декабря, 2025 - 08:03
Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм къихъуэ щIэблэм мымащIэу яхэтщ ябгъэдэлъ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIум къыдэкIуэу, щIэныгъэ нэсым и нэхум хуеIэхэр, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэхэр, творческэ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъхэр.
26 декабря, 2025 - 14:35
Астрономхэм зэрыжаIэм тетщIыхьмэ, уахэ жыжьэм мащэ кIыфI абрагъуэу тIур, хуемыпIэщIэкIыщэу, щызэхыхьэжым дежщ гравитацэр «зыгъэлажьэ» хысыджхэм ящыщу «макъышхуэ зэщIэгъуагъуэ» (езы еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэу) къэзыгъэщIхэр хьэршым «къыщыхэпсысыкIын» щыщIадзэр.
Зи гугъу тщIы щIэныгъэлIхэм зэрагъэувымкIи, уахэм а щIыкIэм тету «къыщыхэцIыущхъукI» хысыдж къэубыдыгъуафIэхэр IэмалыфIщ вагъуэ лэкъумхэм (галактикэхэм) я кум зыщызыудыгъу мащэ кIыфIхэм я Iэхэлъахэм къыщекIуэкIхэр зэхэгъэкIынымкIэ.
9 декабря, 2025 - 14:00
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм автомобиль гъуэгухэр къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ республикэм и щIыпIэ куэдым. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ къуажэ пхыдзахэми, Налшык къалэм и уэрамхэми, щIыналъэм кIуэцIрыкI, къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэми. Абы къызэщIрагъэубыдэнущ республикэм и гъуэгу сетым хыхьэу объекти I0, псоми зэхэту километр 73-рэ я кIыхьагъыу, лъэмыжитIи абы хэтыжу.
Страницы
|