|
|
ЩIалэгъуэ
3 декабря, 2025 - 11:31
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и колледжым щекIуэкIащ щIалэгъуалэм я щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ иджырей лIыхъужьхэмрэ.
24 ноября, 2025 - 08:59
Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм, щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ фестиваль.
13 ноября, 2025 - 10:55
ЩэкIуэгъуэм и 12-м Налшык къалэм дэт сабий сад №61м щекIуэкIащ Iуэху гъэщIэгъуэн. Абы и гъэсакIуэ, логопед Нэгъуей Лерэ и гъэсэн гупыр щIыгъуу къызэригъэпэщат «Олимп джэгу цIыкIухэр - 2025» зыфIища теплъэгъуэр.
28 октября, 2025 - 13:48
Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ «къыщалъэгъуащ» алъандэрэ зыщымыгъуазэу къекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэ.
Хьэршым а и къуапэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къаубыдын мурадыр яIэу, астрономхэр кIэлъыплъащ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт вагъуэ жьэражьэ бжыгъэм.
17 октября, 2025 - 10:06
Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Тыркум Коджаэли щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру щеджащ. Ар 2020 гъэм къиухащ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ. Щоджэн Умаррэ Арымбэч Айшануррэ лъэпкъым зы адыгэ унагъуэу къыхэуващ.
15 октября, 2025 - 09:25
Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Москва щыхуеджащ хамэ къэралыбзэхэм. Ася унагъуэщ, анэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ къыддогуашэ ар.
- Ася, уи IэщIагъэмрэ уэрэ сыт фызэзышэлIар?
10 октября, 2025 - 13:43
«Open OS Challenge» зэпеуэм хэтыну программистхэм я лэжьыгъэхэр зэхуахьэс. Илъэс ещанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ Iуэхум щагъэнаIуэ икIи щагъэпажэ программэ зэхэгъэувэным теухуауэ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр. «Open OS Challenge - 2025» зэпеуэр траухуащ Lenuks ядром и системэ зэIухахэм хэту ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм, и саугъэт фондыр сом 1 000 000-рэ мэхъу. Зэпеуэм езым и сайти иIэжщ: openscaler.braim.org.
30 сентября, 2025 - 12:25
Химие щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Къуэкъуей (Алмэ) Анетэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ, Къэхъун унагъуэу щопсэу. КъБКъУ-мрэ медицинэмкIэ колледжымрэ щолажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемкIэ и къудамэм щеджащ: бакалавриатыр, магистратурэр, аспирантурэр къиухащ.
Химием пасэу дихьэхащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым ар зыхилъхьэ щымыIэу еджащ. И егъэджакIуэхэм драгъэхьэхат.
26 сентября, 2025 - 14:06
Дызэрыщыгъуазэщи, Дыгъэм къедза планетэхэм цIыхухэр щегъэтIысэха зэрыхъуным щIэныгъэлIхэр куэд щIауэ йогупсыс.
США-м Аэронавтикэмрэ хьэршыр джынымкIэ и лъэпкъ IуэхущIапIэм (NASA) хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, а IэнатIэм щагъэхьэзыр ЩIым нэхъ къыпэгъунэгъу уафэщIхэм ящыщ Венерэ нэсыфыну кхъуафэхэр.
Юпитерыр я плъапIэу
4 сентября, 2025 - 09:00
ЩIалэгъуэ лъэхъэнэ дахэр, къызэрымыкIуэр щызу, купщIафIэу езыхьэкIхэм, абы къит IэмалыфIхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ нэсу гъащIэм къыщызыгъэсэбэпхэм ящыщ адыгэ щIалэщ Къущхьэ Борис. ЗэфIэкI инхэр къызыкъуэзых щIалэщIэм и мурадхэр Iуащхьэмахуэ хуэдэу лъагэщ, и гуращэхэр абы къыщIэж псынэпсым хуэдэу къабзэщ.
Страницы
|