|
|
ЩIалэгъуэ
21 июля, 2025 - 10:57
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэм кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, илъэс 56-рэ ипэкIэ, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и I9-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршрызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. Нэху къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы кIэлъикIащ Олдрин Эдвин. ЗэрыжаIэжымкIи, а тIум къыщакIухьын яхузэфIэкIащ а уафэщIым и гущIыIум.
Пэжи пцIыи
13 июля, 2025 - 14:44
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым IуэхущIапIэхэр механизацэ щIынымрэ энергокъарукIэ къызэгъэпэщынымкIэ и факультетым и студентхэр щытекIуащ Железноводск къалэм мэкъуауэгъуэм и 20-м щекIуэкIа КВН-м.
8 июля, 2025 - 11:42
«Сыринэ» адыгэ щIалэгъуалэ театр студиер Тыркум ирагъэблагъэри, гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ.
7 июля, 2025 - 12:44
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ дэнлъэч пасэрей IэщIагъэ дахэм дихьэххэм я лэжьыгъэхэр. Ар къызэригъэпэщащ ХьэцIыкIу Рае зи унафэщI, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным телажьэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым.
Гъэлъэгъуэныгъэм хузэхуахьэсат дыщэидэкIэ щIа бзылъхугъэ пхъуантэ цIыкIухэр, хьэлэмэту зэIуща цIуугъэнэхэр, жьыхухэр, пэшхэр зэрагъэдахэ, шууейхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ IэщIагъэр зи лъабжьэ а дахагъэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым.
1 июля, 2025 - 12:45
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым студенту I9400-рэ щоджэ, абыхэм ящыщу мини 2,5-р хамэ къэрал 40-м къикIахэщ. Абыхэм я нэхъыбэр Индие, Тыркумэн, Африкэмрэ Хьэрып къэралхэм щыщщ.
НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа студент 777-рэ КъБКъУ къыщIэтIысхьэнущ 2025 гъэм, языныкъуэхэм еджапщIэр ятынукъым, языныкъуэхэм ар къыIахынущ. Хамэ къэралхэм къикIа студентхэр нэхъыбэу зыхуеджэр медицинэ, инженер-техникэ IэщIагъэхэрщ. Тыркумэным и лIыкIуэхэм къыхах хабзэр «Хэку филологие» унэтIыныгъэрщ (Урысыбзэмрэ литературэмрэ).
1 июля, 2025 - 10:40
Сабийхэр щагъасэкIэ адыгэхэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпу щытащ. Абыхэм ящыщ зыт джэгукIэхэр. Ахэр куэд мэхъу, икIи къыдэкIуэтей щIэблэм и Iэпкълъэпкъым, акъылым, гупсысэкIэм зрагъэужьу. Адыгэ джэгукIэхэр зэхуэзыхьэсыжу зытхыжахэм ящыщщ Нало Заур. Абы и «Адыгэ сабий литературэм» къитхыжа джэгукIэ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.
АСЛЪЭН Каринэ.
Гъэр
30 июня, 2025 - 12:46
Налшык ЩIалэгъуалэм я унэм мэкъуауэгъуэм и 28-м гукъинэжу щагъэлъэпIащ ЩIалэгъуалэм я махуэр. Концертыр ирагъэкIуэкIащ Громов Денисрэ Благодарная Каринэрэ.
Пшыхьыр Урысейм и ГимнымкIэ къызэIуаха нэужь, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къеджащ республикэм и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм. Абы итт:
27 июня, 2025 - 16:39
КъэкIуэну жыжьэм шыпсэрыхьу «теусыхь» тхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм мычэму дащрохьэлIэ «щIыIуб нэфым и гъуэм» теухуа хъыбархэм.
26 июня, 2025 - 11:43
Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэр мы гъэм къэзыуххэм ящыщу зыуэ щыт къэрал экзаменымкIэ балли 100 къэзыхьа цIыху 14-м я цIэхэр наIуэ хъуащ. Абыхэм яхэтщ предметитIкIэ балл нэхъыбэ дыдэхэр къэзылэжьахэри.
24 июня, 2025 - 08:00
Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – накъыгъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъэгъуащ цIыху мин 700-м нэблагъэм. КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент I4-кIэ нэхъыбэщ. Иужьрей илъэситхур къатщтэмэ – ди деж къакIуэ туристхэм я куэдагъым хуэдищкIэ хэхъуащ.
Страницы
|