|
|
ЩIалэгъуэ
4 марта, 2026 - 11:23
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ творческэ лIыкIуэхэр хэтащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуах гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэм.
3 марта, 2026 - 10:16
Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Лъэпкъыр зымыгъэкIуэдыр и бзэрщ» Iуэхугъуэр щрагъэжьащ КъБКъУ-м. Ар къызэрагъэпэщащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ Отаров Керим и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрымрэ.
2 марта, 2026 - 12:43
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым щеджэхэр иджыблагъэ Краснодар къалэм къыщызэрагъэпэща архитектурэ зэпеуэм хэтащ.
2 марта, 2026 - 10:11
Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым экскурсие гъуэгухэмкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «ХьэщIэщ Iуэху», «Туризм» унэтIыныгъэхэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ къудамэхэм я студентхэм лэжьыгъэ 25-м щIигъу кърагъэхьат зэхьэзэхуэм, ауэ кIэух Iыхьэм нэсар проектибл къудейщ.
28 февраля, 2026 - 08:55
Мыбы ипэкIи дытепсэлъыхьат Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыдиIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ящыщу Фыщт Iуащхьэжьым декIуэкIым щIалиплIыр дызэрырикIуам.
А бгым и лъабжьэм дыщIэкIщ, щхьэдэхыпIэ зыбжанэм дыщхьэдэхри, къущхьэщIыб аранэхэр зи гущапIэ псы дахэшхуэу Шахэ жыхуаIэм и щIэдзапIэм дынэсащ. Дыгъэм къызэщIигъэплъа ныджэ бгъуфIэшхуэм дыбгъурыту лъэс лъагъуэ защIэкIэ дыздеущэхым, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIи хъуарэ тIэкIуи дезэшауэ, удз Iувым щIигъэнарэ чыцэ гуэрэнхэмкIи къэухъуреихьыжауэ псыIум щхьэщыIэтыкIа щIыгу зэпэхъурей тIэкIум дрихьэлIащ.
27 февраля, 2026 - 14:56
ЗекIуэм и пэщIэдзэм кIэщIу дытепсэлъыхьынщи, Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыкъыщежьэри, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэкIэ иужьрей дыдэу узыщыхуэзэ Гъуазэрыплъ къуажэм гуп цIыкIур дынэсащ. Абдежым дызыщыхуэза фэху Iэхуитлъэхуитым нэху дыкъыщекIри, махуэщIэм и пщэдджыжьыпэм дыкъыIукIащ.
24 февраля, 2026 - 09:48
IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм я студентхэмрэ школакIуэхэмрэ я зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм - «Профессионалы-2026» чемпионатым - и щIыналъэ Iыхьэр щекIуэкIащ ди республикэм.
20 февраля, 2026 - 09:26
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ПедагогикэмкIэ и колледжым IуэхущIэ къыщыхалъхьащ. Куэд мыщIэу абы лэжьэн щыщIидзэнущ анэмрэ сабиймрэ я пэшым. Абы еджапIэ нэхъыщхьэм и студентхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ я сабийхэр къашэурэ езыхэр еджэху, лэжьэху щагъэIэ хъунущ. Илъэс I-7 зи ныбжь цIыкIухэм якIэлъыплъынущ гъэсакIуэ Iэзэхэр.
ЗэманкIэ къапщтэмэ, махуэм сабийр сыхьэтиплI мынэхъыбэкIэ щагъэIэну аращ, гупым цIыкIу I5-м нэс яшэ хъунущ. Ар адэ-анэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ IуэхуфIщ я еджэныр е лэжьыгъэр зэпамыгъэууэ пащэн папщIэ.
17 февраля, 2026 - 12:55
ЩIалэгъуалэм я унэу Налшык дэтым щекIуэкIащ интернационалист – зауэлIхэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъащ Венгрием щызэуа Беслъэней Борис, Куба щекIуэкIа дзэ Iуэхухэм хэта Алиев Вячеслав, Афганистаным щызэуа Габоев Азрет - Алий.
16 февраля, 2026 - 09:28
Лъэпкъ щэнхабзэмкIэ «ЩIэин» студент зэгухьэныгъэщIэ къыщызэIуахащ КъБКъУ-м ЩэнхабзэмкIэ и центрым, Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэм. Абы хэт щIалэгъуалэм зыкъыщагъэлъэгъуащ пшыхьым икIи дэтхэнэми и лъэпкъ щэнхабзэмрэ фащэмрэ утыку кърихьащ.
ЗэгухьэныгъэщIэм и мурад нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар студент щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэхэм фIыуэ хащIыкIынырщ, ар хэIущIыIу щIынырщ, щэнхабзэ щIэиныр хъумэнырщ.
Пшыхьым республикэм ис лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэм ятеухуа упщIэхэм жэуап щратащ. Абы дэтхэнэми Iэмал къритащ и щIэныгъэр къипщытэну, щIэ куэд къащIэну.
Страницы
|