|
Спорт
27 февраля, 2025 - 16:54
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым, зэрыхуэдгъэфэщауэ, зыми хухэмыгъэщIа командэм бжьыпэр щиубыдащ. Ар къикIуэт зымыщIэу, зы щхьэкIэ адрейхэм ефIэкIыу, зэпымыууэ япэ увыпIэм щыту джэгуа Псынэдахэ къуажэм и «Родник»-рщ.
Чемпион хъуа гупыр 13-нэ джэгугъуэм, зэхьэзэхуэм и кIэухым, зыIущIар Налшык и «ГорИС» гупырти, 2:0 бжыгъэкIэ текIуащ.
27 февраля, 2025 - 15:42
Алыдж-урым бэнэкIэ
«Zagreb Open 2025» фIэщыгъэр зэрихьэу бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр Хорватием и къалащхьэ Загреб махуитIкIэ щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и спортсменхэм абы къыщахьащ дыщэ медалу 5, дыжьыну - 2, домбеякъыу - 4.
27 февраля, 2025 - 15:39
Шахмат
Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм шахматымкIэ я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу зэрагъэувамрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ траухуауэ щытащ ар.
ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту 246-рэ щызэпеуащ а зэхьэзэхуэм. Ахэр командэ 17 хъууэ щытащ икIи я ныбжь елъытауэ гупищу гуэшат. ЗэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №1-м. Абы къызэринэкIащ курыт еджапIэхэу №№10-р, 4-р.
25 февраля, 2025 - 10:44
Тренер цIэрыIуэм и фэеплъу
ДзюдомкIэ тренер Майсурадзе Альберт и фэеплъу щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. Ди республикэм и спортсменхэм я гъусэу абы щыбэнащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием къикIахэри. Зэхьэзэхуэм щызэпеуахэр 2013 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэрщ.
23 февраля, 2025 - 11:10
Алыдж-урым бэнэкIэ
Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм и физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым ныбжьыщIэхэм щрагъэкIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыналъэ зэIуха зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ мы куейм щыщу япэ дыдэу СССР-м спортымкIэ и мастер хъуа Къаир Руслан.
20 февраля, 2025 - 08:53
ММА-м и лIыхъужьхэр
«Мэздэгу и спорт лигэ» фIэщыгъэм щIэту а къалэм щекIуэкIащ ММА-мкIэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкIыфIхэр абы къыщагъэлъэгъуащ икIи медаль куэд къыщахьащ.
18 февраля, 2025 - 14:00
Саратов областым и Кубокыр джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Энгельс къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м КаратемкIэ и федерацэм и спортсмену щIалих.
17 февраля, 2025 - 14:10
Къэбэрдей-Балъкъэрым сумомкIэ и 6-нэ чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Шэджэм къалэм и спорт комплексым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмени 100-м нэблагъэ.
16 февраля, 2025 - 08:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ закъуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.
Страницы
|