|
Спорт
21 декабря, 2018 - 05:08
IЭПЩЭ Александр Ладин и къуэр Къызбрун Езанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэ къыщалъхуащ.
1959 - 1960, 1963, 1965, 1967 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м, 1962 - 1963 гъэхэм - Москва и «Динамо»-м, 1964 гъэм - Тбилиси и «Динамо»-м, 1966 гъэм - Волгоград и «Трактор»-м щыджэгуащ.
12 декабря, 2018 - 05:05
(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 5-мрэ и 7-мрэ къыдэкIахэм итщ).
Ещанэ Iыхьэ. ЩIы хъурейм щытепщахэр
Бильге зэкъуэшхэр
7 декабря, 2018 - 05:07
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
дыгъэгъазэм и 5-м къыдэкIам итщ).
ЕтIуанэ Iыхьэ. Адэжь хэкум мыкIуэщIын къару къызыхилъхьахэр
Илъэс 46-рэ хъууэ аращ адыгэр зэрыадыгэу Олимп утыку къызэрихьэрэ. Тхыдэм и дежкIэ а зэман кIэщIым ди лъэпкъым ехъулIэныгъэ инхэр къыхудэкIуащ - дэ диIэ хъуащ Олимп чемпиону 6, Дуней псом, Европэм щытекIуауэ пщIы бжыгъэхэр! Ахэр псори ди дежкIэ лъапIэщ.
Чыржын Мухьэрбий (атлетикэ хьэлъэ),
Олимп чемпион - 1972 (Мюнхен, Германие)
Дуней псом и чемпион - 1972, 1973
Европэм и чемпион - 1973, 1974
5 декабря, 2018 - 05:08
Ди щIыпIэм илъэс мин Iэджэ ипэкIэ щыпсэуа нартхэр гъэ къэс Хьэрамэ Iуащхьэ щызэхуэсырти и щыгум жаншэрхъыр кърагъэжэхырт икIи хэти лъакъуэкIэ, хэти натIэкIэ ар абы дрихуеижырт. КъищынэмыщIауэ, бэнакIуэхэм хэтIэ-хэсэ зэхаублэрт, махуэ зыбжанэкIэ зэкIэлъхьэужьу шыгъажэхэр ирагъэкIуэкIырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я щIалэхэм я лIыгъэр, зэфIэкIыр ягъэнахуэрт, гъущIым хуэдэу я Iэпкълъэпкъыр япсыхьырт. ТекIуахэр лъэпкъ лIыхъужь пэлъытэу ягъэлъапIэрт. Арауэ къыщIэкIынущ нартхэм я щIэблэ адыгэхэм лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр ижь-ижьыж лъандэрэ къащIыдэгъуэгурыкIуэр икIи абыкIэ ехъулIэныгъэ телъыджэхэр щIаIэр.
30 ноября, 2018 - 05:00
Бгы лыжэрэ сноубордкIэ къэжыхьыным хуезыгъасэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ хъунущ мы гъэм и дыгъэгъазэм «Iуащхьэмахуэ», «Архъыз» зыгъэпсэхупIэхэм щызэхашэ дерсхэм.
30 ноября, 2018 - 05:00
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр мазиплIрэ ныкъуэкIэ зэпагъэуащ. Абы и фIыгъэкIэ Iэмал гъуэзэджэ диIэщ иджыри къэс зэхэта зэIущIэхэм къарикIуахэм гупсэхуу дахэплъэжыну.
Хъарзынэу ирагъэжьат
28 ноября, 2018 - 05:00
КъытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу къэгъэтэджыным епхауэ ди республикэм IуэхугъуэфI куэд щызэфIах. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум йолIалIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэри. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ Нейтринэ жылэм дэт курыт школым апхуэдэу иджыблагъэ къыщызэIуахащ Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь спорт Iэмэпсымэ куэд зыщIэт залышхуэ. ЩIыналъэ администрацэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Iуэху дахэм хуабжьу щыгуфIыкIащ жылэм дэс сабийхэри балигъхэри.
Страницы
|