|
Спорт
16 января, 2019 - 05:00
Шахматхэр спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ. Дунейм и щIыпIэ псоми абы зыщиубгъуащ икIи цIыху мелуанхэр дихьэхащ. ЦIыхум и акъылыр, зэфIэкIыр, зэпэлъытэр нэсу къэзыгъэлъагъуэщ ар. ШахматхэмкIэ япэ дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэ щекIуэкIар 1851 гъэращ. Абы щыгъуэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхуашэсат дэнэ щIыпIи къраша спортсмен нэхъ лъэщхэр. А зэхьэзэхуэм щытекIуа, Пруссием щыщ Андерсен Адольф куэдым къалъытэ япэ дунейпсо чемпиону, арщхьэкIэ официальнэу а цIэ лъапIэр щагъэувар 1886 гъэращ.
11 января, 2019 - 05:00
2018 гъэр, адрейхэми хуэдэу, яхуэугъурлащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. Зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэти щытекIуащ, хэти дамыгъэ лъапIэхэр иIэу къыщигъэзэжащ. Нобэ фигу къэдгъэкIыжынщ ахэр:
26 декабря, 2018 - 05:08
Дагъыстэнымрэ Нижегород областым хыхьэ Арзамас къалэмрэ щызэхэта бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм текIуэныгъэхэр къыщахьащ.
26 декабря, 2018 - 05:07
Бухарест къалэм (Румынием) щекIуэкIащ дзюдомкIэ Европэм и командэ нэхъыфIи 8-м я «Чемпионхэм я Лигэ» клуб зэхьэзэхуэ.
Санкт-Петербург и «Явара-Нева» клубым хэт ди лъэпкъэгъу Хьэбэчыр Мурат (кг 81-рэ) финал ныкъуэм щытекIуащ «Бухарест»-м и лIыкIуэ Черчеа Марсель икIи абы и фIыгъэкIэ и командэр финалым нэсащ.
КIэух зэIущIэу «Явара-Нева»-р Португалием и «Спортинг»-м къыщыхигъэщIам, Хьэбэчырэр утыку къыщихьакъым.
Ещанэ увыпIэр яубыдащ Грознэ и «Эдельвейс»-мрэ Белград и «Рэд Стар»-мрэ.
26 декабря, 2018 - 05:05
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа пресс-конференцым щыхэплъэжащ илъэс иухым ди грэппрелхэр зыхэта зэхьэзэхуэхэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм.
26 декабря, 2018 - 05:00
Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт «Манеж» спорт комплексым щызэхэтащ бэнэкIэ хуитымкIэ «Аланы» дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыбэнащ къэрал 15-м я спортсмен нэхъыфIхэр.
21 декабря, 2018 - 05:08
IЭПЩЭ Александр Ладин и къуэр Къызбрун Езанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэ къыщалъхуащ.
1959 - 1960, 1963, 1965, 1967 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м, 1962 - 1963 гъэхэм - Москва и «Динамо»-м, 1964 гъэм - Тбилиси и «Динамо»-м, 1966 гъэм - Волгоград и «Трактор»-м щыджэгуащ.
12 декабря, 2018 - 05:05
(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 5-мрэ и 7-мрэ къыдэкIахэм итщ).
Ещанэ Iыхьэ. ЩIы хъурейм щытепщахэр
Бильге зэкъуэшхэр
7 декабря, 2018 - 05:07
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
дыгъэгъазэм и 5-м къыдэкIам итщ).
ЕтIуанэ Iыхьэ. Адэжь хэкум мыкIуэщIын къару къызыхилъхьахэр
Илъэс 46-рэ хъууэ аращ адыгэр зэрыадыгэу Олимп утыку къызэрихьэрэ. Тхыдэм и дежкIэ а зэман кIэщIым ди лъэпкъым ехъулIэныгъэ инхэр къыхудэкIуащ - дэ диIэ хъуащ Олимп чемпиону 6, Дуней псом, Европэм щытекIуауэ пщIы бжыгъэхэр! Ахэр псори ди дежкIэ лъапIэщ.
Чыржын Мухьэрбий (атлетикэ хьэлъэ),
Олимп чемпион - 1972 (Мюнхен, Германие)
Дуней псом и чемпион - 1972, 1973
Европэм и чемпион - 1973, 1974
5 декабря, 2018 - 05:08
Ди щIыпIэм илъэс мин Iэджэ ипэкIэ щыпсэуа нартхэр гъэ къэс Хьэрамэ Iуащхьэ щызэхуэсырти и щыгум жаншэрхъыр кърагъэжэхырт икIи хэти лъакъуэкIэ, хэти натIэкIэ ар абы дрихуеижырт. КъищынэмыщIауэ, бэнакIуэхэм хэтIэ-хэсэ зэхаублэрт, махуэ зыбжанэкIэ зэкIэлъхьэужьу шыгъажэхэр ирагъэкIуэкIырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я щIалэхэм я лIыгъэр, зэфIэкIыр ягъэнахуэрт, гъущIым хуэдэу я Iэпкълъэпкъыр япсыхьырт. ТекIуахэр лъэпкъ лIыхъужь пэлъытэу ягъэлъапIэрт. Арауэ къыщIэкIынущ нартхэм я щIэблэ адыгэхэм лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр ижь-ижьыж лъандэрэ къащIыдэгъуэгурыкIуэр икIи абыкIэ ехъулIэныгъэ телъыджэхэр щIаIэр.
Страницы
|