Спорт

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

Ди республикэм и командэм щыщу зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ало Уэсмэн (кг 38-рэ), Кхъуэныхь Дамирлан (кг 50), Чыл Альберт (кг 73-рэ), Бэгъуэт Алан (кг 34-рэ), Чыл Ирнат (34-рэ), Семэн Тимур (кг 120-рэ), Бэгъуэт Марат (кг 90), Хъубий Амир (кг 55-рэ) сымэ.

Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ Алъхъэс Залым (66-рэ), КIыщ Ибрэхьим (кг 73-рэ), БищIо Артур (кг 38-рэ) сымэ.

Спортым зэрызиужьым и щыхьэтыфIхэр

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иригушхуэу иджыблагъэ тепсэлъыхьащ бахъсэндэсхэм спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэмрэ ахэр зыхэта зэхьэзэхуэхэмрэ.
ЖыпIэнурамэ, Урысейм и Кубокыр самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ щэкIуэгъуэм и 24 - 28-хэм Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр Абазэ Аслъэн къыщихьащ. ЗэкIурей Къаплъэн ещанэ щыхъуащ килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. ЩIалэхэр Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнщ.

Хьэтуейм и пелуан

Спортым ехъулIэныгъэфIхэр къы­щызыгъэлъагъуэ щIалэщ Лэс­кэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ ЩхьэщэмыщI Рэ­мэзан. Мы махуэхэм абы и те­кIуэныгъэхэм къахэхъуащ – Хьэ­рып Эмират Зэгуэтхэм я Эль-­Фуджейрэ къалэм бгырыпх бэнэ­кIэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо чем­пионатым бжьыпэр щиубыдащ икIи Урысейм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Зэхьэзэхуэм Щхьэ­щэмыщIым наIуэ щищIащ а спорт унэтIыныгъэмкIэ дуней псом зэфIэкI нэхъ лъагэ дыдэ зэ­рыщиIэр.

Миланэ дигъэгуфIэ зэпытщ

Африкэ жыжьэм къикIыу, тхэквондомкIэ (ВТВ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэу­жьыгъуэмкIэ) УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Бекъул Мила­нэ теухуа хъыбар гуапэ аргуэру къытIэрыхьащ. Ар Кением и къалащхьэ Найроби дыгъэгъазэм и 3 - 6-хэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ ще­кIуэкI, зы ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм я дунейпсо чемпионатым щытекIуащ.

Спорт хъыбархэр

 ДыщэкI Мурат и дыщэ медалыр

Саратов къалэм щекIуэкIащ дуней псом универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 1000-м щIигъу.

Гупхэм я зэхьэзэхуэм УФ-м и командэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Къэзахъстаным и спортсменхэр етIуанэ хъуащ, Абхъазым и лIыкIуэхэр ещанэщ.

Спорт зэпеуэхэр

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэш Алий и фэеплъу панкратионымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен 700-м нэблагъэ.

Биткаш Давид зэкIэ етIуанэщ

Японием и къалащхьэ Токио щэкIуэгъуэм и 22 - 23-хэм щекIуэкIащ киокусинкаймкIэ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 41-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 850-рэ. 

Спорт хъыбархэр

«Abu Dhabi World Professional Jiu-Jitsu Championship» фIэщыгъэр зэрихьэу бразилхэм я джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби и «Mubadala Arena» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я спортсмен лъэщу 3000-м щIигъу.

Нартокъуэ Вячеслав токIуэ

ШахматымкIэ (блицымкIэ) Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ цIыхухъухэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и шахматисту 16. Ахэр къыхахащ ипэкIэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр къалъытауэ.

УФ-м и командэм хохьэ

Краснодар къалэм «СамбэмкIэ уардэунэ» и спорт комплексым щэкIуэгъуэм и I4 - I6-хэм щекIуэкIащ УФ-м дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 73-м я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 700-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыху 2I-рэ щыIащ икIи абыхэм ящыщу 3-м яхузэфIэкIащ УФ-м и командэ къыхэхам зыхагъэхуэн. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм я деж Уэзы Iэдэм етIуанэ, БищIо Атхъанрэ Хъуран Каринэрэ ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт