|
|
Спорт
17 июля, 2019 - 05:00
Дуней псом плIэнейрэ и чемпион (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуа, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьа, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьа, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIа, нэгъуэщI лъагапIэ куэдри къызэхъулIа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие къыщалъхуари лъагэу дэлъеиным зыщыхуигъэсари Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ (КъалэкIыхь) къалэращ. Ар иджы дэни щагъафIэ спортсменкэ лъэрызехьэщ, ЩIы хъурейм къыщыпэлъэщын куэд щIауэ темыту.
12 июля, 2019 - 05:00
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хэт командэхэм 2019-2020 гъэхэм ирагъэкIуэкIыну зэхьэзэхуэм махуищ дэкIмэ щIадзэнущ. Ар хуабжьу удэзыхьэхыу икIи куэд къызэщIэзыубыдэу щытынущ. Къапщтэмэ, иджыри къэс дызэсэжауэ екIуэкI етIуанэ дивизионым и зэхьэзэхуэмрэ къэралым и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэмрэ къищынэмыщIауэ, Профессионал Футбол Лигэм и кубокым ехьэлIа зэIущIэхэри (нэхъ мащIэ дыдэу 6) къахэхъуэнущ. Нобэ абыхэм я гугъу фхуэтщIынщ.
10 июля, 2019 - 05:00
Белоруссием и къалащхьэ Минск мэкъуауэгъуэм и кIэухым щекIуэкIащ II Европей джэгухэр. Къэрал 50-м къикIа спортсмен мини 4-м нэблагъэ зыхэта зэхьэзэхуэ иным дыщэ медалхэр къыщахьащ ди лъахэгъухэу алыдж-урым бэнакIуэ Кабалоев Зауррэ дзюдоист Занкишиев Къазбэчрэ.
5 июля, 2019 - 05:00
Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту и гъащIэр ихьащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейми Олимп джэгухэми я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. Тыркум къыщалъхуа икIи щыпсэуа шапсыгъ щIалэм зэи игу ихуакъым къызыхэкIа лъэпкъымрэ адэжь Хэкумрэ.
3 июля, 2019 - 05:00
XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щыщIэдзауэ Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута адыгэхэр къуажэ щхьэхуэу тIысхэрт, я бзэ, хабзэ, я зэхэтыкIэ яхъумэфын папщIэ. Гуауэр зэдагуэшырт, гуфIэгъуэр зэдаIэтырт. Дауэдапщэхэм сыт щыгъуи хэтт адыгэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI шыгъажэмрэ бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэдзапIэ хуэхъуащ Олимп джэгухэми дуней псоми я чемпион, абыхэм я медаль лIэужьыгъуэ псори зыIэрызыгъэхьа Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид.
28 июня, 2019 - 05:00
Илъэс минитIым щIигъуащ олимп зэпеуэхэр къызэрежьэрэ. ПIалъэ гуэрым ар зэпагъэуауэ щытами, тхыдэм къыхэтэджыкIыжащ икIи дунейм къытехъуа зэхьэзэхуэ нэхъ удэзыхьэххэм я деж жьантIэр щиIыгъщ.
26 июня, 2019 - 05:00
Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ дэкIа илъэсым «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 400-м щIигъу щезыгъэкIуэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыужьыныгъэр зэлъытар.
21 июня, 2019 - 05:00
Куэблэ Екъуб и дамыгъэхэр къебжэкIын къудейм напэкIуэцI зыбжанэ ихьынущ, ар щыпсэуа унэми фэеплъ пхъэбгъу фIэлъщ. ХХ лIэщIыгъуэм дзюдомкIэ и тренер нэхъыфIым къытхуигъэнащ щIэныгъэр и лъабжьэу зыгъэсэныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр. ЦIыхуищэхэр абы дзюдом дригъэхьэхащ икIи ехъулIэныгъэ инхэр къаригъэхьащ. Яхэтщ Куэблэм и гъэсэнхэм олимпиадэхэм, дунейпсо, европэпсо зэхьэзэхуэхэм я чемпионхэр. Къэралым щынэхъ лъэщахэм я бжыгъэр къыпхуэмылъытэнщ.
19 июня, 2019 - 05:00
Зым и дежкIи щэхукъым – дунейр зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ Iулъхьэ тын-къеIыхыныр. ГъащIэм и дэнэ щIыпIи абы ущрохьэлIэ, арщхьэкIэ зэрыщыIэр ябзыщIмэ псоми нэхъ къащтэ. Iулъхьэм зэщIиIулIахэм ящыщщ спортри, ауэ ар къэпхутэну хуабжьу гугъущ, куэд дыдэр хуэIэижь хъуащи. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хабзэм къемызэгъ щызылэжьахэр къыщыщIагъэщащ.
14 июня, 2019 - 05:00
«Спартак-Налшыкым» и капитан гъуащхьауэ Iэзэ Бажэ Амир топджэгум дихьэххэм фIы дыдэу яцIыху. Щалъхуа икIи футболым япэ лъэбакъуэхэр щыхича Арщыдан къуажэм щригъажьэри, ар Мэзкуу и «Спартак»-м, Белгород и «Салют»-м, Воронеж и Факел»-м, Пензэ и «Зенит»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м щыджэгуащ икIи дэтхэнэ зыми лъэужь дахэ къыщигъэнащ. Иджыпсту зэфIэкI ин зэриIэр щегъэлъагъуэ Иорданием и чемпионатым икIи абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дэрэжэгъуэ ин ярет.
Страницы
|