|
|
Спорт
10 апреля, 2019 - 05:00
Адыгэр дызэрыгушхуэн спортсмен куэд диIэщ. Дуней псом къыщацIыху Олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Чыржын Мухьэрбий, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн сымэ, Махуэ Билал къыхэзыгъэщIэфын бэнакIуэ иджыпсту ЩIы хъурейм теткъым…
5 апреля, 2019 - 05:10
Бокс
Зи ныбжьыр илъэс 19-22-хэм итхэм папщIэ боксымкIэ Европэм и чемпионат иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ. Ди лъахэгъу ЕлекIэ ДжэбрэIил абы жэз медалыр къыщихьащ.
5 апреля, 2019 - 05:00
Тулэ и «Арсенал»-м хэту Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгу гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан иджыпсту къэралым щынэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ.
3 апреля, 2019 - 05:00
Болгарием и къалащхьэ Софие мы махуэхэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ II мультиевропей чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.
3 апреля, 2019 - 05:00
Iэпщэрыбанэ
Волгоград къалэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Псори зэхэту абы ирихьэлIащ спортсмен 970-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэхьэзэхуэм щахъумащ цIыху 13-м.
3 апреля, 2019 - 05:00
1980 - 1995 гъэхэм, щызэпигъэуаи къэхъуу, Налшык и «Спартак»-м хэтащ, и Iэзагъымрэ псынщIагъымкIэ топджэгум дихьэххэр хуабжьу зытхьэкъуауэ щыта Гъубж Вячеслав. Нобэр къыздэсым абы и гугъу ящIыжу щIэх-щIэхыурэ зэхыбох.
27 марта, 2019 - 05:04
Наурыз Басир, Бэч Руслани хуэдэу, спорт школым футболым зыщыхуигъэсакъым, ауэ Налшык и «Спартак»-м лъэ быдэкIэ къыхыхьэри, илъэс пщыкIублкIэ (!) зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр Совет Союзми Урысей Федерацэми щихъумащ.
27 марта, 2019 - 05:02
Атлетикэ хьэлъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Гъуэрдэгъуэжь Беслъэн дыжьын медаль къыщихьащ ныбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэм.
27 марта, 2019 - 05:01
БэнэкIэ хуит
Воронеж къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Курыт федеральнэ щIыналъэм цIыхухъухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпионат.
Страницы
|