Спорт

Дыкъынэр ещанэщ

Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Болгарием и Самоков къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэ Дыкъынэ Руслан. 
Килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэщIэм зэIущIэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ хъарзынэу щригъэкIуэкIащ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ Украинэм и бэнакIуэ, ауэ бжыгъэр 9:0-у Руслан ар хигъэщIащ.
Дыкъынэм и тренерхэр Табыхъу Тимуррэ Жыкъуэ Залымхъанрэщ. 
Зэпеуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 15-м щIимыгъуахэрщ.
Домбеякъыу тIу

Студентхэр зэпоуэ

КъБКъУ-м и спорт комплексым щекIуэкIащ студентхэм дзюдомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 80-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 17-25-рэ хъухэу. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтынут Урысейм и Кубокымрэ гъэмахуэ Универсиадэмрэ я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну, УФ-м и командэ къыхэхам зыхагъэхуэну. Абыхэм щхьэкIэ щIалэхэр щIэбэнащ медал комплекти 7-м, хъыджэбзхэр - 4-м. 

Депутатым и саугъэтым щIобэн

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Джафаров Магомед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм накъыгъэм и I3-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я ещанэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. 
Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Шэшэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэзкуу къалэм, Азербайджаным я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ. Спортсменхэр щIэбэнащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Курбанов Рустам и саугъэтхэм. 

Спорт хъыбархэр

Ереван щохьэщIэ

НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ Армением и къалащхьэ Ереван иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Къэзахъстаным, Грузием, Урысей Федерацэм я бэнакIуэу 750-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 11-17 хъухэу.

УФ-м и командэм хэту зэхьэзэхуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэр икIи медаль зэхуэмыдэу 11 абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм щытекIуащ Мулай Алий, Ксанаев Муслим, Бегиев Джалил сымэ.

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр. Абы щызэпеуащ 2015 гъэм къалъхуа топджэгу ныбжьыщIэхэр, псори зэхэту а щIыналъэм и команди 7. 

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

ТекIуэныгъэм и махуэм

 «Кэнжэ» спорт комплексым ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ иджыблагъэ дзюдомкIэ щызэхаша республикэ зэхьэзэхуэм щызэпеуащ бэнакIуэу 127-рэ, 2013 гъэм къалъхуахэу.

Спорт хъыбархэр

ВагъуэщIэхэр

Муниципалитетхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэм, «Вагъуэ къэунэхухэр» фIэщыгъэр зезыхьэм,  и ещанэ Iыхьэр Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 350-рэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи дыщэ медалу 2-рэ домбеякъыу 4-рэ къыщихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къэзэр Амиррэ (кг 29-рэ) Алимжанов Амырхъанрэ (кг 23-рэ).

КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ

Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIащ Грузиемрэ Тыркумрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм екIуу абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи УФ-м и командэ къыхэхам медаль зыбжанэ къыхуахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм Унэж Темырланрэ Джэданэ Алинэрэ япэ увыпIэхэр щаубыдащ, Хъуран Къантемыр етIуанэ хъуащ. Уэзы Iэдэмрэ Соблыр Атмиррэ ещанэхэщ.
Спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм хуагъэхьэзыращ Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ, Лукьянов Геннадий, Ким Руслан, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ. 
 

Спорт хъыбархэр

БоксымкIэ зэпеуэ

Урысей Федерацэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мэзкуу областым и Чехов къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 74-м я спортсмену 552-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15-16 хъухэу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьащ ГъущIапщэ Альберт (кг 60).

Быф Дамир (кг 54-рэ) етIуанэ, Пщынокъуэ Ислъам (кг 52-рэ) ещанэ абы хъуахэщ.

Налшык къалэ и хьэщIэщхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр иджыблагъэ зыщигъэгъуэзащ Налшык къалэм и курорт щIыпIэхэм щаухуэ хьэщIэщхэмрэ хьэщIэщ комплексхэмрэ я лэжьыгъэхэр здынэсам. 
Абы зригъэщIащ ухуакIуэхэр зыпэрыт проектхэм яIэну инфраструктурэхэр, пэш фондым къыхэхъуэну бжыгъэр, туристхэмрэ республикэм щыпсэухэмрэ я зыгъэпсэхупIэу, нэгузыужьыпIэу щытыну щIыпIэхэм ягъуэтыну теплъэр зыхуэдэнухэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Спорт