|
|
Спорт
29 апреля, 2026 - 09:55
Сэтэней и дыщэ медаль
Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ Шэшэным и Шали къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмену, щIалэхэри хъыджбзхэри зэхэту, 250-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ щIалэу 40-рэ зы хъыджэбзрэ.
26 апреля, 2026 - 09:26
Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ иджыблагъэ.
23 апреля, 2026 - 14:18
Боксым и махуэт
Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь щIыналъэм и Суворовскэ станицэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 13 - 14 хъу ныбжьыщIэхэр, илъэс 19 - 22-рэ зи ныбжь щIалэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэхэм ящыщу япэ увыпIэхэр къахьащ Малкаров Маратрэ Кожашев Эмиррэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Шурдым Беслъэн, Шыкъ Дамир, Теваев Амерлан сымэ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Вэрокъуэ Амир, Кулиев Уэсмэн, Джыназ Имран, Шыдгын Iэдэм, Бачиев Тенджыз сымэ.
21 апреля, 2026 - 07:01
Налшык къалэм и «Ладья» спорт еджапIэм и унафэщIу щыта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тубай Радик и фэеплъ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ «Каисса» шахмат клубым. Абы щызэпеуащ сабийуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, I50-рэ, спорт разрядхэр зиIэхэри, шахмат джэгун щIэзыдзагъащIэхэри зэгъусэу.
20 апреля, 2026 - 07:30
«Еуэри, зы франджырэ зы урысрэ Сербием щызэхуэзат», - гушыIэрейхэм апхуэдэу ирашажьэ зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм и хъыбарыр.
16 апреля, 2026 - 08:26
Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Ямало-Ненецкэ автономнэ округым и Ноябрьск къалэм и «Факел» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 14 - 16 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм щыIащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэн Къумыкъу Ренат икIи килограмм 46-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
Ди щIалэм и тренерхэр ПшынащIэ Муратрэ Къарэмышэ СулътIанрэщ.
15 апреля, 2026 - 10:00
«Локодзюдо» фIэщыгъэр зезыхьэ, дзюдомкIэ сабийхэм я лигэм и 3-нэ урысейпсо Iыхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэ Ставрополь щIыналъэм и Невынномысск къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ.
Рейтинг очкохэр щат, «А» категорие нэхъыщхьэ зиIэ зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 1000-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 11-13 хъухэу.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэм щыIащ БищIо Даянэ икIи килограмм 36-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ.
Хъыджэбз цIыкIум дэлажьэр тренер Мамиконян Ливонщ.
10 апреля, 2026 - 11:37
Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ди къэралым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм Шэджэм щIыналъэм и бэнакIуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ: урысейпсо зэIущIитхум зэхэту дыщэ медалу 5, дыжьынрэ домбеякъыу тIурытI къыщахьащ абыхэм.
Псалъэм къыдэкIуэу, Суздаль къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щызэхэта зэпеуэм Дзу Аслъэн япэ, Егъэн Айрат ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ. Зэхьэзэхуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэрщ. ЩIалэхэм ядэлажьэр Чыл Аслъэнрэ Къарэ Хьидрэщ.
9 апреля, 2026 - 15:32
Кърымым загъэхьэзыр
Кавказ Ищхъэрэм ММА-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмен лъэщхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медалу 8 абы къыщихьащ: 1-р дыщэу, 5-р дыжьыну, 2-р домбеякъыу.
КъищынэмыщIауэ, иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэхэм икIахэр хэтынущ УФ-м ММА-кIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэлыжьыхьым и 25 - 29-хэм Кърымым щызэхашэну зэIущIэм.
8 апреля, 2026 - 08:57
Къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэпоуэ
«Шахмат губгъуэ» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ республикэм и курыт еджапIэхэм я командэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ щIыпIэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я шахматист ныбжьыщIэ гупхэрщ, псори зэхэту 10 хъууэ.
Страницы
|