|
Спорт
6 февраля, 2022 - 09:36
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэсищэ зэрырикъур зэрагъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм хиубыдэу «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ сумомкIэ КъБР-м и ещанэ чемпионат.
5 февраля, 2022 - 05:40
Китайм и къалащхьэ Пекин дыгъуасэ Iэтауэ къыщызэIуахащ ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэ иным кърихьэлIащ ЩIы Хъурейм и щIыпIэ куэдым къикIахэр. Пасэрей алыджхэм кърагъэжьа Олимпиадэхэр щекIуэкI лъэхъэнэм къриубыдэу ижь-ижьыж лъандэрэ зауэ псори къызэтрагъэувыIэрти, лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэкI утыкухэм Iэпхъуэрт. Иджыри апхуэдэу щытыну дыщогугъ.
4 февраля, 2022 - 13:30
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхьэзэхуэр гъатхэпэ пщIондэ зэпагъэуащ. А зэманым къриубыдэу командэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, футболистыщIэхэмкIэ загъэлъэщ, мазэ дэкIмэ щIэзыдзэжыну зэпеуэм зыхуагъэхьэзыр.
4 февраля, 2022 - 11:55
«Сабий стадион» КъБР-м и къэрал бюджет IуэхущIапIэм и футбол джэгупIэ губгъуэм щекIуэкIащ республикэм регбимкIэ и командэ къыхэхам и зыгъэсэныгъэ. Абы кърихьэлIат Налшык къалэ администрацэм Физическэ щэхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ управленэм и «Налшык» спорт школым зыщызыгъасэ илъэс 16 зи ныбжь спортсменхэмкIэ.
4 февраля, 2022 - 11:40
Псы есыпIэ бассейн зыхэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс щаухуэну я мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ куейм.
2 февраля, 2022 - 08:33
Налшык дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа тхэквондомкIэ щIыналъэхэм зэдай зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ 4-м къикIауэ зэпеуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ спортсмен 300-м нэблагъэ.
1 февраля, 2022 - 15:03
Мы махуэхэм Красноярск щекIуэкIащ «Гран-при «Иван Ярыгин» бэнэкIэ хуитымкIэ XXXII дунейпсо зэхьэзэхуэр.
Сыбырым и къалащхьэм щызэхуэсащ къэрал куэдым я бэнакIуэ нэхъыфIхэу 300-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм пщIэшхуэ зиIэ зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ.
31 января, 2022 - 13:55
Подмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.
30 января, 2022 - 11:43
Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу.
30 января, 2022 - 09:40
Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щIышылэм и 20-22-хэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Ипщэ дзэ щIыналъэм и чемпионат. Псори зэгъусэу командийуэ гуэшауэ абы хэтащ дзэ къулыкъу езыхьэкI цIыхуи 100-м щIигъу.
Страницы
|