|
Спорт
16 ноября, 2021 - 11:50
Хьэнцэ Албэч Аруан (Мысостей) къуажэм къыщыхъуащ, щопсэу. Дизайным хуеджащ, сурэт щIыным дехьэх, футболыр и псэм хэлъщ. Зызрипщытым щIэщыгъуагъ хелъхьэ. Албэч адыгэу дунейм къызэрытехьам ирогушхуэ – абы и нэщэнэхэр и лэжьыгъэхэм щыдолъагъу.
Топыр щIым нэзмыгъэсу…
15 ноября, 2021 - 10:25
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м.
15 ноября, 2021 - 09:40
Налшык и кхъухьлъатэтедзапIэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъэжащ «грэпплинг» спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым, Белград щекIуэкIам, дыщэ медаль къыщызыхьа, Къэхъун къуажэ щыщ Урыс Мухьэмэдрэ абы и тренер Шыхъуэстэн Русланрэ.
15 ноября, 2021 - 08:32
Ижевск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэр.
11 ноября, 2021 - 06:35
ЩэкIуэгъуэм и 5-м Белград къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.
10 ноября, 2021 - 14:05
Краснодар крайм хыхьэ Сукко жылагъуэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 25-м щыщ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 600-м щIигъу.
9 ноября, 2021 - 10:31
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэкIуэгъуэм и 5-м «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ «ТIуапсы»-р.
Хьэрхуэрэгъухэм зэпэщIэтыныгъэ гуащIэкIэ зэIущIэр къыщIадзащ. Джэгур напIэзыцпIэм зы лъэныкъуэмкIэ къикIыурэ адрейм къыщыхутэрт. ПсынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу тепщэныгъэр иубыдыну дэтхэнэри хущIэкъурт. Апхуэдэ Iэмал япэу къызыхуихуар хэгъэрейхэрщ. Еханэ дакъикъэр екIуэкIыу Хьэшыр Алан къыхита топыр штрафнойм ит КIэдыкIуей Хьэким къыIэрыхьащ. Иужьыр лъэщу зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къищтащ.
9 ноября, 2021 - 09:44
Ярославль дэт «Вознесенский» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «А» класс зиIэ VIII урысейпсо зэхьэзэхуэ. Зэпеуэр фэеплъ хуащIащ УФСБ-м и щIыналъэ оперативно-антитеррор гупым и командир Лататуев Владимир.
8 ноября, 2021 - 12:25
Краснодар щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ.
5 ноября, 2021 - 08:19
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ.
Страницы
|