Спорт

Бэджыдэм и гъэсэнхэр утыку йохьэ

Новгород Ищхъэрэ областым хыхьэ Дзержинск къалэм и «Ока» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ сумомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ зэуэзэпсэу 2023 гъэм дунейм ехыжа, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Аршинов Михаил. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ Шэджэм къалэм и спорт еджапIэм и спортсмен I5 икIи медалу 3 абы къыщахьащ.
Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм етIуанэ щыхъуащ МафIэдз Iэмырбэчрэ (кг 55-рэ) Тау Ибрэхьимрэ (кг 50). Килограмм 95-м щIигъухэм я деж домбеякъ медаль къыщихьащ Мэкъуауэ Резуан.

Бахъсэн щызэпоуэ

Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы спорт комплексым щекIуэкIащ Аникеев Сергей и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Мэзкуу, Санкт-Петербург къалэхэм, Мэзкуу областым я шууей 61-рэ. Абыхэм зэпачащ километри 100, 80, 40, 20, 20 (кг 95+) зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр.

спорт хъыбархэр

2025 гъэм шыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ республикэм щекIуэкIа «Kinder league» чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и сабий топджэгу командэ нэхъыфIхэм ящыщу 12.

Мел Астемыр и лIыгъэр

 «Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар и фэеплъу щытащ лIыгъэ зэрихьэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда, Арыкъ къуажэм къыщалъхуа лейтенант нэхъыжь Мел Астемыр.

Фэеплъ зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ Тэрч щIыналъэ администрацэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм я лэжьакIуэхэр, Астемыр и адэ-анэ - Анзоррэ Эльмирэрэ, Мел лъэпкъым щыщхэр, Арыкъ къуажэ администрацэмрэ курыт еджапIэмрэ я лIыкIуэхэр, и къуажэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, спортым дихьэххэр.

Спорт зэхуэсышхуэм

«Урысейр спорт къэралыгъуэщ» фIэщыгъэр зэрихьэу 13-нэ дунейпсо зэхуэс Самарэ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ къэрал 58-м я лIыкIуэу мини 5-м щIигъу.

Бетрожьыр тIэу къыхожаныкI

«Кубок столицы-2025» фIэщыгъэр зэрихьэу ашихара-каратемкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I8-м я спортсмен 380-рэ.

Спорт хъыбархэр

Спорт хъыбархэр

Дамир дуней псом и чемпионщ!

 

 

 

Рязань къалэм единоборствэхэмкIэ и спорт академием щэкIуэгъуэм и 6 - 9-хэм Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ дунейпсо чемпионат щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ къэрал 30-м я спортсмен лъэщу 200-м щIигъу.

Спорт хъыбархэр

Урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхожаныкI

«Зэныбжьэгъугъэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу Тольятти къалэм и «Олимп» спорт комплексым щэкIуэгъуэм и 7 - 9-хэм щекIуэкIащ каратэмкIэ 13-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 52-м я спортсмен 2150-рэ, я ныбжькIэ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм цIыху 29-рэ щыIащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм медаль 16 къыщахьащ, абыхэм ящыщу 7-р дыщэу, 7-р дыжьыну, 2-р домбеякъыу. 

Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь

Тэтэрстаным и Елабугэ къалэм жэпуэгъуэм и 21 - 26-хэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 30-м щIигъум я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 350-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт