Спорт

Шабзауэхэр зэпоуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Апхуэдэуи а спорт лIэужьыгъуэмкIэ абы щызэхэтащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэмрэ тэмэму зымылъагъухэмрэ я щIыналъэ зэпеуэ. 
Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я шабзауэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 74-рэ икIи медалхэм щIэбэнащ спортым япэ лъэбакъуэхэр хэзычэхэри, спортсмен цIэрыIуэхэри, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэри. 

Спорт хъыбархэр

ЕджапIэхэм я мардэхэр

Орел зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм махуищкIэ щекIуэкIащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2025 - 2026 гъэхэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм ИлъэсыщIэм и пэ махуэхэм щыIэн хуея джэгугъуищым ящыщу тIуращ зэхэтар. Уэсышхуэ къызэресам къыхэкIыу зыр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Ар зытехуа ебланэ джэгугъуэр нэхъ иужьыIуэк

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2025 - 2026 гъэхэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм ИлъэсыщIэм и пэ махуэхэм щыIэн хуея джэгугъуищым ящыщу тIуращ зэхэтар. Уэсышхуэ къызэресам къыхэкIыу зыр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Ар зытехуа ебланэ джэгугъуэр нэхъ иужьыIуэкIэ зэхэтыжынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ лъэщхэр

Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ Къэбрдей-Балъкъэрым дунейпсо шашкэхэмрэ шашкэ псын­щIэ­хэмкIэ и чемпионат. Ар икъукIэ удэзыхьэх хъуащ.

Шашкэ псынщIэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ икIи дыщэ медалыр къыщихьащ Шэджэм районым къикIа МафIэдз Сэхьид. Дыжьыныр лъысащ Псыгуэнсу къуажэм щыщ Дол Барэсбий. Ещанэ увыпIэр иубыдащ налшыкдэс Семенов Сергей. 
Шашкэ псынщIэхэмкIэ (блиц) республикэм и чемпионати екIуэкIащ. Къэбэрдей-Балкъэрым и чемпион хъуащ Аликаев Мухътар. Абы къыкIэлъокIуэ МафIэдз Сэхьид. Домбеякъ медалыр Iэрыхьащ Дол Барэсбий. 
Къэхъун Бэч.

Налшыкыпсым и Iуфэр мыгувэу къыпхуэцIыхужынукъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зыщигъэгъуэзащ Нал- шык къалэ 2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым къыщызэрагъэпэщ спорт-нэгузыужь IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым.

Спорт хъыбархэр

КъБР-м и командэм хэтынухэр къыхах

Узыншэу псэуным хуаузэщI

2026 гъэм щIышылэм и 1 - 11-хэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щызэхэтащ хабзэ хъуа, Спортымрэ узыншагъэмрэ я декадэ Iуэхугъуэ щхьэпэр. Илъэс къэс ар къызэрегъэпэщ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм, щIыналъэхэм физкультурэмрэ спортымкIэ я IэнатIэхэр и гъусэу.

А Iуэхугъуэхэм хыхьэу Налшык къалэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм и нэIэ щIэт спорт еджапIэхэр декадэм жыджэру хэтащ.

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

Спорт хъыбархэр

   ЕджапIэхэм я мардэхэр

Спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэр къахуэщтэну, Олимп джэгухэм хэтыфыну зэчийхэр зыбгъэдэлъ сабийхэр щагъэхьэзыр еджапIэу 14 Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ мы зэманым. Ахэр щыIэщ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэмрэ Лэскэн, Тэрч, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэмрэ.

Республикэм и апхуэдэ еджапIэхэм къызэщIаубыдэ спорт лIэужьыгъуэу 22-рэ, сабийуэ абыхэм зыщызыгъасэхэм я бжыгъэр мин 11-м щIегъу, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ тренеру 376-рэ абыхэм ядолажьэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт