Календарь событий

12 ноября 2021

Артист IэщIагъэм хуэпэж, абы къыхуигъэщIа бзылъхугъэ

Нобэ ди хьэщIэщ Музыкэ театрым и солисткэ Мэз (Пщыунэ) Джульеттэ. Ар ящыщщ иджыри сабийуэ зи IэщIагъэр къыхэзыхахэм.

НафIэдз Ислъам: «IэщIагъэм езым укъыхех»

НафIэдз Ислъам хирургщ, онкологщ, колопроктологщ. НыбжькIэ щIалэми, медицинэ щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъщ. И IэщIагъэм, и мурадхэм ятеухуауэ депсэлъащ.

Адрейхэм нэхърэ нэхъыбэ «зылъагъухэр»

Нобэ, щэкIуэгъуэм и 13-м, дуней псом щагъэлъапIэ Нэфхэм я махуэр.

Илъэс 70-м иту Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат

Франджы актрисэ цIэрыIуэ Бернар Сарэ илъэс 70 ныбжьым иту илъэс I3 фIэкIа мыхъу Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат икIи абы зыми шэч хуищIатэкъым - сценэм итыр лъагъуныгъэм итхьэкъуа пщащэ цIыкIуу фIэкIа зыми къащыхъуатэкъым. 

Адыгэш тыгъэ хуащIащ

 Гупыж гъэщIэгъуэн къызыкъуихащ мы махуэхэм адыгэ республикищми зыубгъуауэ щылажьэ «Шыу Хасэм». ДзюдомкIэ Европэм тIэунейрэ чемпион щыхъуа Угольников Михаил адыгэш иратащ. ЩIалэм ехъуэхъуну къуажэм къеблэгъащ Агуей-Шапсыгъым и нэхъыжьхэр, «Шыу Хасэм» щыщ щIалэхэр икIи, дауи, дзюдомкIэ и гъэсакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Нэгъуч Жэнболэт. 

Нобэ

ФIагъым и дунейпсо махуэщ

И IУГЪЭГЪУРИ, И IУТIЫЖРИ ЗЭПЫЛЪЩ

 «ХьэтІохъущыкъуеймэ, псэлъапщІэ ефт», жыхуаІэ жыІэгъуэр куэдым ящІэ щхьэкІэ, и тхыдэм щыгъуазэр мащІэнкІэ хъунущ. Іуэхур къызэрекІуэкІа дыдэр хэти жиІэжыфын, ауэ, къызэраІуэтэжымкІэ, ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм къуажэм сабийуэ къыдэхъуэм зэрырагъэхъуэхъур зэхэзыха Наурызхэ я гуащэнанэм ар жиІащ, жаІэ: «Сыт гъэщІэгъуэну хэлъ, нану къалъху къэс а зы хъуэхъубзэр хузэкІэлъыбгъэІужыным». Іуэхур зытетыр нэгъуэщІт. ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэр зрагъэхъуэхъуну сабийм къызэкъуипхъуэту зэи ехъуэхъуртэкъым, сыт щыгъуи махуищ пІалъэ къаІихырт лъэІуакІуэхэм.

Белорус щIалэм адыгэбзэ зрегъащIэ

 Ди республикэм цIыху къинэжа къыщIэкIынкъым Нэхущ Тимур нысашэхэм щигъэзащIэ «Бей къудэ, бей дан» псынщIэрыпсалъэр гукIэ зымыщIэ. Адыгэм ар къибжыфыр гъэщIэгъуэнт? Витебск щыщ белорус щIалэ Мыжевских Вадим ар зыгъэзащIэхэм зыкIи къакIэрыхуркъым.