Календарь событий

13 ноября 2021

Бюджетхэм я проектхэм тепсэлъыхьынущ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм, апхуэдэу 2023, 2024 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и проектым и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фIэ­кIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фон-дым 2022 гъэм, апхуэдэу 2023, 2024 гъэхэм ятещIыхьа и ­бюджетым и IуэхукIэ» цIыхубэ едэIуэныгъэхэр коронавирус узы­фэ зэрыцIалэм (COVID-19) зыщиубгъу мы зэманым зэхуэмысу, пыIудзауэ ирагъэкIуэкIыну я мурадщ 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м.

Къэбэрдей-Балъкъэрым кадет классыщIэ къыщызэIуахащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ «К» классым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэ­лIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм. Iуэхур щекIуэкIар Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу ­КъБР-м щыIэрщ. Кадет ныбжьыщIэ 29-м тхьэ­рыIуэ ятащ икIи а цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэри иратыжащ.

КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и егъэблэгъапIэм цIыхухэм щаIущIащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ егъэблэгъапIэм щэкIуэ­гъуэм и 12-м щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.

Шэрэдж электростанц мыиным и лъабжьэр ягъэтIылъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «РусГидро» компанием и ­правленэм и унафэщI - генеральнэ директор Хмарин Викторрэ я зэIущIэ махуэкум КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр
Хьэрэдурэ А. М. етыным и IуэхукIэ

 

Илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Хьэрэдурэ Анатолий Мухьэмэд и къуэм - Тэрч муниципальнэ щIы­налъэм и щIыпIэ администрацэм граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэмрэ диспетчер-плъыр IэнатIэмкIэ и къудамэм и унафэщIым.