Календарь событий

17 ноября 2021

БЕШКЪЭЗАКЪХЬЭБЛЭР ЗЭРЫЧИЙЛЪЭРЫКІУЭ, УНЭПАКІУЭ КЪЭСИ ЗЭРЫГУАЩЭТІУРЭ

И цІэр езым ещхьу екІуу икІи гъэщІэгъуэну Бешкъэзакъхьэблэ дэсащ зы цІыхубз – ДумэрданэтІас. Езыр Борэхэ япхъут, Мэршэнкъулхэ я нысэт. ЗэраІуэтэжымкІэ, и щІыкІэр ямылей пагагъ хэмылъу удэзыхьэхт, Іущт, и псалъэр бэм къалъыхъуэрт, къуажэдэс нэхъыжьхэми чэнджэщэгъу щащІи куэдрэ къыхэкІырт.

Министрым ирегъэблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъамрэ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэм щытекIуа Бырхьэм Мухьэмэдрэ иджыблагъэ зэIущIащ.

Бзэм уи зэхуакум гъунапкъэ къыдинэркъым

Адыгэбзэм теухуа хъыбархэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм зэхахагъэнщ илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэр зыдж профессор Коларуссо Джон и цIэр. США-м и президенту щыта Клинтон Билл Кавказ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу щIэныгъэлIыр щылажьэр Канадэм щыIэ Макмастер университетырщ. Иджыблагъэ щэнхабзэмрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ къыщыхэжаныкIа адрей цIыхушхуэхэм я гъусэу, ар кърагъэблэгъащ Мейкъуапэ дэт Адыгэ университетым хыхьэ Дунейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрым онлайн IэмалкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Хъарбыз

КъаншыуейкIэ зэджэ къуажэшхуэм ику дыдэм хуэзэу дыщыпсэурт. Зэкъуэш цIыкIуитIыр - сэрэ Вовэрэ - зыр илъэсиплI, адрейр тху дыхъуу арат. Пщэдджыжьым иджыри дыжейуэ, ди адэ-анэр лэжьакIуэ дэкIырт.

Индие къэралыгъуэм и щхьэхуэныгъэхэр

1. Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.

Нобэ

♦Студентхэм я дунейпсо махуэщ

♦Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэщ

♦Географие хъыбарегъащIэ системэхэм я махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ Уполномоченнэ участковэхэм я махуэр

♦Азербайджаным и гуфIэгъуэщ – лъэпкъ къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр ягъэлъапIэ

♦Армением щагъэлъапIэ дзэ-медицинэ лэжьакIуэм и махуэр

♦Къыргъыз кином и махуэщ

♦Чехиемрэ Словакиемрэ ягъэлъапIэ хуитыныгъэмрэ демократиемрэ щIэбэныным я махуэр

«Адыгэ щэнхабзэ хышхуэр ди адэ щIэинщ»

Псалъащхьэу къэтщта псалъэухар фIэщыгъэ хуэхъуащ дызэрыт илъэсым дунейм къытехьа тхылъым. Ар и IэдакъэщIэкIщ Тыркум къыщыхъуа, Мюнхен щыIэ Адыгэ Хасэм и къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Къардэн Хьусний.