Календарь событий

18 ноября 2021

Зи вагъуэр нуру блэ

ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ зы цIыхуми нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр дамэ къытезыгъакIэ и унагъуэращ, мывэ къыру и щIыбагъ къыдэт, гуфIэгъуэхэр къыдэзыгуэш, гузэвэгъуэхэр къыдэзыгъэпсынщIэ и адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу я бынхэр Сабий унэхэм къыщыщIанэ дрохьэлIэ.

Адыгэ-абхъазхэр зыхьэхэм къатехъукIащ

    Урым    дунеяплъэ,  XV  лIэщIыгъуэм  и   кIэухым  – XVI  лIэщIыгъуэм   и пэм псэуа   Интериано   Джорджио адыгэ-абхъазхэм я пасэрей лъэпкъыжьу къалъытэ зыхьэхэр  щыпсэуа щIыпIэм топсэлъыхь:

ДыгъафIэ жылэщ, и сабий быныр тегуращ…

 Адыгэбзэм щыщщ

ГуащэнэпIэс – щхьэгъусэм и анэнэпIэсыр нысэм зэрыхуэхъу.

Дейскэ - Мэртэзей

Нобэ Дейскэ къуажэр зэрыс щIыпIэм къэтIысын и пэ лъэгу псор дей мэзу, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэри, псэуалъэ къызыхэпщIыкI хъунухэри иту, и лъэгур мывэкIэщхърэ псы къабзэ цIыкIу мэзым пхырыжу щытащ. Псы цIыкIур псынэпс къабзэу зэхэлъэдэжауэ арат.

«Арго» кхъухьымрэ адыгэ-абхъазхэмрэ зэхуаIуэхур

Алыдж  литературэр  зыцIыхухэм  зэхамыхыпIэ  яIэкъым  «Арго»  кхъухьым исрэ Язон я кхъухьыпщу   лIыгъэщIапIэ ежьа щIалэхэм я хъыбарыр.  

Аргонавтхэр  здэкIуа щIыналъэ Колхидэр Абхъаз щIыналъэм  зэрыхуэзэр куэд  щIауэ  щэхужкъым. А пщыгъуэм  и  тепщэ  IэIэтщ, Медеее егуэкIуа нэужь,    Язон  щыкъуадэ  хуэхъуар.  ЩIэныгъэлI куэдым къалъытэ адыгэ-абхъазхэм я къежьапIэри я лъэпкъыцIэри    Медея и шыпхъу Киркэ деж къыщежьэу.

Аращ  зи гугъу  ищIыр  пасэрей  алыдж   усакIуэ,  бзэ   щIэныгъэлI,

Хэтыт ахэр - ХьэтIохъущокъуэхэ?

 

Сытыт ахэр зищIысыр? Сыт я псэукIэт? Сыт я IуэхущIафэт? Адрей куэдым ахэр сыткIэ къащхьэщыкIрэт? ЦIыху­гъэкIэт? ЩIэныгъэкIэт? ЛIыгъэ­кIэт? МылъкукIэт? Дэнэ жыла­гъуэт ахэр зыдэсари? Куэдрэ абы щыпсэуат?

Исмел Псыгъуэ

 

1763 гъэм урыс дзэпщхэм Къэбэрдейр мафIэлыгъейм хадзащ. Дзэпщ къанлыхэм къагурыIуэрт: Къэбэрдейр Iэрыубыд умыщIмэ, Кавказыр уи лъэгу щIэбгъэувэфынукъым. Зыми и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым къэбэрдейхэм: игъащIэ лъандэрэ щхьэхуитт, я хуитыныгъэм папщIэ я псэ еблэжынукъым – ар я тхьэлъанэт ди лъэпкъым и нэхъыбапIэм. Черкасскэ унэцIэр къыфIащауэ урыс къалащхьэм дэс епцIыжакIуэхэр зэщэр нэгъуэщIт: урысыдзэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдейр я IэмыщIэ зэрыраубыдэжынырт.

Дунейм щыхъыбархэр

 

 

Нобэ

Латвием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

1699 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ дэтхэнэ цIыху щхьэхуитми дзэм къулыкъу щищIэну Iэмал зэрыратым теухуа унафэ.

1775 гъэм Урысейм и гуэшыкIэщIэм теухуа унафэ къыдэкIащ – ар щIыналъэ 50-у гуэша хъуат.

1842 гъэм Урысейм и император Николай Езанэм Iэ щIидзащ Нева псым япэ лъэмыжыр телъхьэным теухуа унафэм.