|
Календарь событий
23 ноября 2021
23 ноября, 2021 - 14:39
Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа адыгэхэм ящыщщ совет, урысей еджагъэшхуэ, профессор, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу щыта Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр. Iуэху зехьэкIэщIэхэм, жэрдэмыщIэхэм я зэхэублакIуэу, щIэм и лъыхъуакIуэу щыта Къумахуэ Мурадин иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ноби мыхьэнэшхуэ щаIэщ щIэныгъэм и дунейм.
23 ноября, 2021 - 13:33
Ди щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, псалъалъэ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым зэкIэлъыкIуэу къытредгъэдзащ Ди гуапэ зэрыхъунщи, а тедзэгъуэхэм щIэупщIэ ягъуэтащ, къапщтэмэ, езы къуажэдэсхэми хьэлэмэт ящыхъуащ.
23 ноября, 2021 - 12:28
АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмым иджыри къыздэсым цIыхухэр кIуэурэ йоплъ.
23 ноября, 2021 - 11:24
Дон Iус Ростов къалэм мы гъэмахуэм и кIэм щегъэжьауэ археологхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ къалэкум пасэрей мэуэтхэм я псэуалъэу щыта лъапсэжьхэмрэ абы щызэрахьа Iэмэпсымэхэмрэ къызэрыщагъуэтыжар. Хъыбарым щыгъуазэ дещI Ростов къалэм щылажьэ
Щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ комитетым.
23 ноября, 2021 - 10:19
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм щхьэзакъуэ зэпеуэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къыщагъэлъагъуэ. АбыхэмкIэ дэ диIэщ Европэм, Дуней псом, Олимп Джэгухэм я чемпионхэр. Ауэ щыIэщ ехъулIэныгъэ Iэта къыщыдмыгъэлъагъуэ спорт лIэужьыгъуэхэри. Ахэр къэзыIэтыным, абыхэм сыткIи хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэпабгъэ, ныбжьыщIэхэр шахматхэм хуезыгъасэ цIыху пажэхэм ящыщщ Джэдгъэф Чэмал.
23 ноября, 2021 - 09:13
ПсыкIэ зэIыпх хъу лэчым и дунейпсо махуэщ
Зыри къэмыщэхуным и дунейпсо махуэщ
Къэзахъстаным и гъуэгу полицэм и махуэщ
Японием щагъэлъапIэ лэжьыгъэм фIыщIэ хуэщIыным и махуэр
♦1725 гъэм зэхэтащ Петербург щIэныгъэхэмкIэ и академием и япэ зэхуэсыр.
♦1763 гъэм Екатеринэ II и унафэкIэ Урысейм Медицинэ коллегие къыщызэрагъэпэщащ.
♦1917 гъэм ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къищтащ Урысейм нэхъапэм щыIа лIакъуэ-къулыкъу зэхэтыкIэр щымыгъэIэжыным теухуауэ.
|