|
Календарь событий
30 ноября 2021
30 ноября, 2021 - 21:01
ЕтIуанэ адыгэ жылэу Израилым итыр Кфар-Камэ и ищхъэрэ лъэныкъуэм хуозэ – Рихьэниещ абы зэреджэр. Ар Ливаным и гъунапкъэм пэгъунэгъущ. Жылэм цIыху I000 нэблагъэ дэсщ, къанэ щIагъуэ щымыIэу абазэхэщ, хьэрып унагъуэ зыбжанэ яхэсщ.
30 ноября, 2021 - 16:44
Нэмыцэ усакIуэ, философ, тхыдэтх, драматург Иоганн Христоф Фридрих Шиллер 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м Германием и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Вюртемберг пащтыхьыгъуэм хыхьэ Марбах-на-Неккаре къалэ цIыкIум къыщалъхуащ. И адэ Каспар Иоган Илъэсибл зауэм хэтати, Фридрих илъэсих хъуху зыпIар и анэм и закъуэщ.
30 ноября, 2021 - 14:41
Аулъэ Мэлыч 1999 гъэм Мухьэммэд-Iэмин къызэралъхурэ илъэси 180 - рэ щрикъум ирихьэлIэу Дагъыстэным щекIуэк1а Дунейпсо конференцым къыщипсэлъам щыщ
30 ноября, 2021 - 13:31
Махуэшхуэ зэхыхьэхэр
30 ноября, 2021 - 10:35
Налшык щыIэщ «Ored Rekordings» этнографие макъамэ IуэхущIапIэ (лейбл). Абы и къызэгъэпэщакIуэхэщ Хьэлил Болэтрэ Къуэдзокъуэ Тимуррэ. Лъэпкъ шыфэлIыфэ, псэукIэ, щэнхабзэ къызыхэщ уэрэдхэр къагъэщIэрэщIэж. Ахэр теухуащ пасэ лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэхэм: зекIуэм, щакIуэм, мэш щIэным, цIыхум еIэзэным, нэгъуэщI куэдми. Мыр макъамэ къудейкъым зыхуэгъэпсар, атIэ адыгэ щыIэкIэр макъамэкIэ къегъэпсэуж. ЩIэх-щIэхыурэ зэплъэкIыж лъэпкъым зецIыхуж. АтIэ пасэрей макъамэри зы гъуджэ тIорысэщ. Гъуджэр жьы хъуащ, къитхъащ, IэпапIэщ.
30 ноября, 2021 - 08:15
Нобэ
Компьютерхэмрэ абыхэм илъ хъыбархэмрэ хъумэным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэ псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ
Химие Iэщэ къызэрагъэсэбэпам и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ
1609 гъэм Галилей Галилео Мазэм и щхьэфэм и япэ картэр зэхигъэуващ.
1571 гъэм Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр) дунейм ехыжащ.
|