Календарь событий

10 января 2022

Шхара - Щхьэрэ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зыщ (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ зэлъэгэкIыр тIэкIу нэхъ хуэищхъэрэкIэ щыIэ Гуэдзэн Шытхырщ).

Макъамэ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.
И къеуэкIэр мы си гум макъамэщ, сыщигъафIэкIэ куэщIкIэ хэку-анэм. Макъамэхьу йошкIурэх псыIэрышэр… Макъамэпсэу щопсэу вагъуэр уафэм… Дэпыр пIэнкIмэ – макъамэщ, жьыбгъэр фиймэ – макъамэщ. Хэт щегъафIэр игу шы лъэ макъыр, гукъэкIыжым зыхьыжри арауэ.

Шэгудж Маринэ и макъ гуакIуэр

 Урысейм щIыхь зиIэ, Адыгейм и цIыхубэ артисткэ, опернэ уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэ Шэгудж Маринэ и макъ гуакIуэмкIэ дуней псор къыдихьэхащ.
Римский-Корсаков и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт къэрал консерваторэр I990 гъэм къиухащ Шэгуджым. Пщащэм и зэфIэкIым гу къылъатэри, ар Мариинскэ театрым ирагъэблэгъауэ щытащ.
Маринэ консерваторэм щыщIэсам егъэджакIуэ Iэзэ, профессор Новиченкэ Татьянэ и гупым зэрыхэхуам и фIыгъэкIэ макъамэм и дунейм и щэху куэд къищIащ, и творческэ гъуэгуанэми а лъэхъэнэращ щIэдзапIэ хуэхъуар а дерсхэращ.

ЩIэпхъаджагъэ къэмыгъэхъуным йолэжь

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, щIыналъэ Iэтащхьэхэр.

Джекэ

Тхьэмахуэ зытIущ хъуауэ къуажэм сымыкIуэжауэ иджы сыдохьэж. И кIэр игъэджэгуу ди хьэ хужь пэ фIыцIэ цIыкIур къыспежьауэ, сыкъеуфэрэзыхь. Сэри сыхуогуфIэри, сепсалъэурэ унэмкIэ сокIуэ: «Сэри сигу укъэкIащ, Джекэ, мамэ сымэ щIэс?» Джекэ и хьэлт унэм ущыщIыхьэкIэ, бжэм Iуувэрэ уи гъуэгур IуищIэу къоплъу къэувыжын - игу упымыкIыу арат абы къикIыр.

Зэпэщу илъэсыщIэм IущIащ

 «Щэнхабзэм ехьэлIа ухуэныгъэхэр», «Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьын», «Демография», «Хэкур зыхъумахэм я фэеплъыр хъумэн» Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ программэхэм хиубыдэ лъэпкъ проектхэр ди щIыналъэхэм купщIафIэу щагъэзащIэ.

Ди къалэр псоми йофIэкI.

Налшык и теплъэр кIуэ пэтми йофIакIуэ. Къалащхьэм и зы хьэбли къэнакъым лъэс зекIуапIэ екIухэр щамыухуарэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ щамыщIарэ. КъищынэмыщIауэ, «Хрущевка» унэ куэдыр, къомыцIыхужыным хуэдизу, къагъэщIэрэщIэжащ.

Лъэпкъ уэрэдхэм я макъ мыкIуэдыж

Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр щызэхуэхьэса зэрырагъаджэ тхылъ.
    Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар Зеикъуэ къуажэм гъуазджэмкIэ и еджапIэм, «Кавказ» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ ансамблым я унафэщI Жылау Арсенщ. Абы и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар жэуаплыныгъэ хэлъу кърихьэлIэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Ар уэрэдусщ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу, макъ гъэтIыса гуакIуэкIэ и уэрэдхэр езым щигъэзэщIэжи щыIэу

Нобэ

1781 гъэм Москва къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и цIэр зыфIаща театрыр. Иджыпсту ар Театр Инырщ.
1863 гъэм дунейм щыяпэу Лондон къыщызэIуахащ метрополитен. А гъуэгум километри 3,6-рэ и кIыхьагът.
1920 гъэм къару игъуэтащ Франджым щыIэ Версаль уардэунэм I9I9 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Iэ зыщытрадзауэ щыта зэгурыIуэныгъэм - Япэ дунейпсо зауэр зэриухам щыхьэт техъуэм.
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэр къызэрагъэпэщащ. Ар 1946 гъэ пщIондэщ зэрылэжьар.

Iулъхьэ стыркъым, Iулъхьэ къеIысхыркъым

Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэт Iуэхум хыхьэу Прохладнэ районым и полицэм и лэжьакIуэхэм зэIущIэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ.
Урысейм и МВД-м Прохладнэ районымрэ Прохладнэ къалэмрэ балигъ мыхъуахэм ядэлэжьэнымкIэ щаIэ къудамэхэм я инспекторхэм къыхуеджэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр утыку кърахьащ Коррупцэм пэщIэтыным хухэха махуэм ирихьэлIэу.

Саугъэт нэхъыщхьэр къалъысауэ

Мэхъэчкъалэ и «Россия – моя история» тхыдэ паркым щекIуэкIащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я япэ тхылъ фестивалыр. Абы къыщызэIуахащ Тарки-Тау 2020/2021 тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Зэхыхьэм саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм.
Зэхыхьэм тхылъ пщIы бжыгъэхэр ягъэлъэгъуащ, тхылъеджэхэр тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ щаIущIащ, Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ республикэхэм я тхылъ тедзапIэхэм я унафэщIхэр зэпсэлъащ.

Сурэт IэрыкIхэр

Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ  къыщызэIуахащ «Сурэт IэрыкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ». Абы утыку къыщрахьат данэ  щэкI бгъузэкIэ,  цы, шылэ  IуданэхэмкIэ хэдыкIа  сурэтхэр.
      «IэпщIэлъапщIэ дыжьынхэр» проектым хэт  бзылъхугъэхэм  я IэдакъэщIэкIщ мыхэр.