Календарь событий

12 января 2022

Илъэс 300 ирокъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и прокуратурэм щылажьэхэмрэ и ветеранхэмрэ хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ, ди къэралым и прокуратурэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 300 зэрырикъум теухуауэ.

Пщы Марыхъу теухуа фильм Адыгейм щытрахащ

КъызэднэкI илъэсым и кIэухым иджыри зы адыгэ фильм дунейм къытехьащ. Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссер, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» тхыдэ-художественнэ фильмыр. СыхьэтитIкIэ екIуэкI кином къыщыгъэлъэгъуащ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэгуанэмрэ.

НОБЭ

Урысей Федерацэм и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ. 1722 гъэм Пётр Езанэм къэрал органыщIэ – Урысейм и прокуратурэр – къызэригъэпэщащ. Урысейм и япэ прокурору ягъэуват Ягужинский Павел.
1820 гъэм Инджылызым къыщызэрагъэпэщащ Пащтыхьыгъуэм и астрономие зэгухьэныгъэ.
1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс АО-р къэунэхуащ.
1936 гъэм «Локомотив» спорт зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

Алий Залым фи дэ1эпыкъуныгъэ хуэныкъуэщ

Республикэм и цIыхухэм дыныволъэIу зи ныбжьыр илъэс 11 хъу Алий Залым зэрыфхузэфIэкIкIэ фыдэIэпыкъуну фыхуэхъуну. ЩIалэ цIыкIум и узыншагъэр щригъэфIэкIуэжын хуейщ Санкт-Петербург дэт сымаджэщым.
Дохутырхэм абы иIэу къахутащ аутизм, эпилепсие, ЗПР, ЗМР узыфэхэр.
Залым сэбэп фыхуэхъуфынущ, и узыншагъэр иригъэфIэкIуэжыным текIуэдэну ахъшэр зэхуэхьэсынымкIэ зыщIэвгъакъуэмэ. Ар евгъэхь хъунущ мы реквизитымкIэ:
Сбербанк
5469 6000 3464 9749
Сбербанк онлайн
8 967 418 97 85 – Марина Хажбаровна А.

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIащ республикэм ДзюдомкIэ и федерацэм 202I гъэм зэфIигъэкIахэр къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ.
Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, абы и къуэдзэ Анаев Аслан, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и цIыхухъу командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тау Хьэсэнбий, КъБР-м ДзюдомкIэ и федерацэм и президент, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и судьяхэм я зэгухьэныгъэм унафэщI Емкъуж Мухьэмэд, «Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ дзюдомкIэ олимп резерв щагъэхьэзыр школым» и унафэщI Тау Сэфарбий сымэ нэгъухэри.

ЩIэныгъэр республикэм и экономикэм зэрыхуэлажьэр

Ди жагъуэ зэрыхъущи, урысей щIэныгъэм иужьрей илъэсхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ар экономикэм куэдкIэ пэIэщIэ ищIащ, ар щынэрылъагъущ ди республикэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм щIэныгъэр и тегъэщIапIэу пхужыIэнукъым.

Зи гуащIэр ин

Бер Мухьэдин ящыщщ республикэм и зыужыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэм. 1970 - 1996 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру лэжьа Берым а IэнатIэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къыпхуэмылъытэнщ.
Мухьэдин I934 гъэм Брамтэ (Вольный Аул) жылэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт школыр къиуха нэужь, Налшык и фельдшер-акушер еджапIэм щIэтIысхьащ. А зэманым ар комсомолми хыхьащ. КъызэгъэпэщакIуэ хъарзынэу зэрыщытым гу лъатэри, студентхэм я профкомым и унафэщIуи хахат.

Алисэ и университет хъыбархэр

 ФокIадэм хэIущIыIу хъуауэ щытащ илъэсий фIэкIа мыхъу Тепляковэ Алисэ Мэзкуу дэт къэрал университетым зэрыщIэхуар. «Вундеркинд» зыхужаIэ, и ныбжьым зыужьыныгъэкIэ щхьэпрыкIауэ къалъытэ сабий зэрыщыIэр щэхукъым, ауэ апхуэдэ дыдэу пасэу университетым щIэтIысхьаи къэзухаи щыIауэ къахуэщIэжакъым.

Литературэдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор Бэчыжь Лейлэ

Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Ар псэуху телэжьащ лъэпкъ литературэм зегъэужьыным.

Анзор лIы цIыкIу

Хъыбарыжь
Дыгъэр къухьэрт, абы и бзий зэщIикъуэжхэр къуршыщхьэхэм щхьэдихьэхыжауэ. КъызэрагъэщIэрэщIэжрэ куэд мыщIа Тэтэртуп азэн джапIэм деж дыщытт, Тэрч аузымрэ Джылахъстэней бгы екIуэкIымрэ къызэпэтплъыхьу. Елъхъуэт къуажэм щыщу хьэщIагъэшхуэ къызэзыха си бысым Ардасенов Мысост сщIыгъути, абы Тэтэртупым теухуауэ мы хъыбарыжьыр къызжиIэжащ.
Куэд щIащ абы лъандэрэ. Тэтэртуп къалэжьым и лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зы шордакъ гуэрым щыпсэурт Надихъан гуащэ дахэр. Абы уэсым хуэдэу къыу хужьу зызэрихъуэкIырти, хъущIэу ежэх Тэрчыжьым и псыпыхухэм махуэ къэс зыщигъэпскIырт.