Календарь событий

22 января 2022

ЩIыналъэ унафэщIыр «Россия-24»-м и журналистым йопсалъэ

КъБР-м и Iэтащхьэр «Россия-24» телеканалым и журналистым епсэлъащ щIыналъэм щекIуэкI эпидемиологие щытыкIэр зыхуэдэм щыгъуазэ ищIу.

КъызэрымыкIуэ щытыкIэм хуэхьэзырщ

ЩIышылэм и 20-м КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и унэм республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къы­щымыгъэхъунымрэ абы зэрызиубгъум щы­кIэлъыплъынымкIэ и Оперативнэ штабым ­хэтхэр журналистхэм щаIущIащ. Министр ­Къалэбатэ Рустам иригъэкIуэкIа зэIущIэм ­хэтащ «Роспотребнадзор» къэрал IуэхущIапIэм КъБР-м щиIэ и управленэм и унафэщI ­Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт доху­-тыр-инфекционист нэхъыщхьэ Иуан Маринэ сымэ.

УФ-м и Правительствэ комиссэм и зэIущIэм

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ видео­зэ­пыщIэныгъэкIэ Правитель­ствэ комиссэм и з­эIущIэу Москва щекIуэкIам. ЩIыналъэхэм я зыужьыныгъэм траухуа Iуэхугъуэр иригъэ­кIуэ­кIащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат. 

Кавказ Ищхъэрэм и эпидемие щытыкIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий видеконференц мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэмрэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэры­пэщIэтынымкIэ хэ­кIыпIэ­хэм­рэ.

ЗэфIэгъэкIыпхъэхэр яубзыху

УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр зи нэIэ щIэт Новак Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и социально-экономикэ щыты­кIэм тепсэ­лъыхьащ, республикэм щы­Iэ псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект зыб­жани къыхагъэщхьэхукIащ. Новак Александр и гуапэу къыхигъэщащ 2021 гъэм щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэ лъэпкъ ­проектхэр ­республикэм нэсу гъэзэщIа зэрыщыхъуар. Тепсэлъыхьахэщ щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, спорт IуэхущIапIэщIэхэр ухуэным, нэ­гъуэщIхэми. 

Лъэпкъ щIэныгъэм и къигъэхъуапIэ

Адыгэхэм ящыщу «Мимэ» уэ­рэдыр зэхэзымыха куэд щы­Iэу къыщIэкIынкъым. И къуэрылъху-пхъурылъху ­цIы­кIу­хэр щигъэджэгукIэ, анэш­хуэм куэд дыдэрэ мы пса­­лъэхэр хилъхьэурэ жи­Iэрт: