Календарь событий

24 января 2022

НОБЭ

ЩIышылэм и 24, блыщхьэ

И гупсысэхэр бзыгъэщ

Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. 

ГъэунэхупIэ

 А тIур зэрышат фIыуэ зэрылъагъуу. Зэрылъагъу я гугъэт. Ауэ уи гугъэ къудейкIэ зэфIэкIрэ апхуэдэ Iуэхур? Пэжу пIэрэт зэрылъагъур, хьэмэрэ апхуэдэу къафIэщI къудейт? КъыпфIэщIымрэ пэжымрэ куэд я зэхуакущ. Зэман кIыхьрэ Iуэху зыбжанэкIэ бгъэунэхуауэ, узытемышыныхьыжын гухэлъ быдэ уиIэмэщ лъагъуныгъэр щыпэжыр. Зэ зэIущIэгъуэкIэ цIыхур и теплъэкIэ уигу ирихь къудей мыхъуу, ар и дуней тетыкIэкIэ, и хьэлкIэ бгъэунэхумэ укъэзымыгъэпцIэжынщ. Ауэ зигу лъагъуныгъэ къридзар а псом елIалIэрэ? Лъагъуныгъэ зыщIар Iейм хуэнэфщ, хуэдэгущ, фIыуэ илъэгъуам дилъагъу псори фIэдахэщ.

Жэуаплыныгъэр зыхищIэу

 Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ Дол Маринэ и гъащIэр тыхь хуищIащ цIыхум и узыншагъэр хъумэным. Зыпэрыт IэнатIэм щихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIэрэ адэкIи зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу ирехьэкI абы и лэжьыгъэр. И Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуамэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым а бзылъхугъэм и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъум. Дэнэ а лъагъуныгъэр къыщежьэр жыпIэмэ, Маринэ къызыхэкIа унагъуэрщ.

Псейхэр щхьэхуэу зэщIакъуэж

ИлъэсыщIэм къагъэсэбэпа псейхэр зэщIэкъуэжыным теухуа Iуэху щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм. Ар зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат Налшык къалэ администрацэм, «Экологистикэ»-м, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформэ» IуэхущIапIэмрэ «Зеленый дозор» экологие зэщIэхъееныгъэмрэ. 

КъэфакIуэ гъуэзэджэ къыхэкIат

Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ я артист, балетмейстер Дашу Хьэшыр 1929 гъэм и щIышылэ мазэм Вольнэ Аул (Брамтэ) къыщалъхуащ. Иджыри сабийуэ къэфэн щIидзащ абы. Зэгуэрым, накъыгъэ махуэшхуэр ягъэлъапIэу, щIалэгъуалэр уэру Налшык и уэрамхэм дэтт, зыгъэпсэхупIэхэм зыкъыщагъэлъагъуэу. Къэбэрдей уэрамым къыщыфэ Хьэшыр гу къылъитащ гъунэгъуу блэкI Къалмыкъ БетIал. КъэфакIуэ ныбжьыщIэм къулыкъущIэр къыбгъэдыхьэри IэплIэ къыхуищIат икIи: «Афэрым, уэ къэфакIуэ гъуэзэджэ къыпхэкIынущ!», - къыжриIат. А псалъэхэр пэж хъуащ.

ТхакIуэ цIэрыIуэ Дангулов Саввэ

Адыгэ хъуа ермэлыхэм (черкесогаихэм) ящыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, Армавир къалэ щIыхь зиIэ и цIыху Дангулов Саввэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу.

Медаль зэмылIэужьыгъуэу 6

Липецк областым хыхьэ Копцевы Хутора жылагъуэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Пушкарёв Вячеслав и фэеплъу дзюдомкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. Зэпеуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ Урысейм и щIыналъэ 23-м къикIа спортсмен 237-рэ. 

Лъэпкъым бын хуэбгъэсэнумэ...

Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэу Шал Хъусенрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ хэт зымыцIыхур?! Хъусен и адыгэ уэрэдхэр, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ жиIэхэр цIыхубэм дзапэ хуэхъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. ФатIимэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум роль бщIы бжыгъэхэр щигъэзэщIащи, дэтхэнэри гукъинэжщ. Абы къыдэкIуэу, щэнхабзэ пшыхьхэр зыуэ дахэу, щIэщыгъуэу ирегъэкIуэкIри, утыкум а бзылъхугъэ цIыкIур къызэрихьэу къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къеIэт.