Календарь событий

29 января 2022

Мы махуэхэм

Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ
1943 гъэм советыдзэхэм ­Мейкъуапэ, Тихорецк къалэхэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуа­кIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.

Гъатхэ зэхуэсыгъуэм и япэ зэIущIэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.

Дохутыр нэхъыщхьэхэм чэнджэщ ярехьэлIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зы­хэт зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ.

Хущхъуэ уасэкIэ республикэр къызэрагъэпэщ

Коронавирус узыфэр зыпкърыт сымаджэхэу амбулаторэ кIэлъып­лъы­ныгъэм щIэтхэм зэреIэ­зэн хущхъуэхэр къращэ­хуну УФ-м и Правитель­ствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм къыхуиутIыпщащ сом мелуан 26-м щIигъу.

Псыр пэрыхьэту яIэн хуэдэу

КIуэкIуэ Казбек видеозэ­пы­щIэныгъэ ­Iэмалхэм тету хэтащ ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ правительствэ комиссэм и Президиумым и зэIущIэу Урысей ­Федерацэм и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хус­нуллин Марат иригъэ­кIуэ­кIам. 

ПIалъэкIэ лъэмыж тралъхьэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэ­джэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэ­мы­жы­щIэр. Ар гъуэгум автомаши­нэхэр щы­зэтримыхьэн папщIэ яу­хуэ икIи зэман гъу­нэ­гъум яухынущ.