|
Календарь событий
31 января 2022
31 января, 2022 - 18:14
♦Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
♦Интернетыр къыщамыгъэсэбэп дунейпсо махуэщ. ЦIыхухэр зы махуэкIэ нэхъ мыхъуми «дунейпсо хъым» къыхэшыным хуэгъэзауэ ягъэуващ.
♦Белоруссием щагъэлъапIэ ЩIэныгъэм и махуэр
♦1714 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Урысейм щыяпэ музейр – Кунсткамерэр.
♦1729 гъэм Истамбыл щытрадзащ хьэрып хьэрфхэр къагъэсэбэпурэ ятха япэ тхылъыр – тырку псалъалъэр.
31 января, 2022 - 17:05
2021 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» кредиту къыIахащ сом мелард 1,4-м щIигъу. Ипэ ит илъэсым елъытауэ ар процент 20-кIэ нэхъыбэщ.
31 января, 2022 - 16:55
Подмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.
31 января, 2022 - 16:45
Хэку зауэшхуэ зэманым КъардэнгъущI Зырамыку и нэгу щIэкIа псэзэпылъхьэпIэхэм ящыщу къиIуэтэжауэ щытащ мы хъыбарыр.
Пщэдджыжь къэс гъэрхэр мэлым хуэдэу дызэхуахусурэ Iуэм дыкърахуурэ дагъэлажьэрт. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым гъэрхэм ящыщ зытIущ шхын щхьэкIэ мылIэу. Дапщэрэ Iуэм дыкъыдахуами, набдзэгубдзаплъэу сызэплъар абы нэхъ тыншу сикIа зэрыхъунырщ. Си ажалыр абы хэлъми, Iэмал имыIэу нэмыцэIуэм сикIуэсыкIыну быдэу мурад сщIати, зы Iэмал къызогъуэт. Шхын щхьэкIэ силIыхь нэхърэ нэхъыфIт.
31 января, 2022 - 16:20
США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт къыдэкIыгъуэр дунейм къытегъэхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ.
31 января, 2022 - 16:05
Зы лІыжь цІыкІу фызи быни имыІэжу, хуэмыщІауэ псэурт. ЩІыІи къытехъуауэ унэм щІэпІыщІыхь щыхъум, пхъэ къурагъ зытІущ къэслъэфынщ жиІэри мэзым кІуащ. ЛІыжьым, мы зы пхъэр хэслъхьэжми, схуэлъэфынщ жиІэурэ пхъэлъэфынхэр зырищІар зэкІэрищІэри, зы дэгъэзыкІыгъуэ тІэкІу деж къыщысым, мо дыгъафІэм уэсри тІэкІу текІыжауэ къыщІэкІынти, лІыжьыр къеІэ пэтми, къыдэмыкІыф хъуащ. Лъэбакъуэ къичыхукІэ:
31 января, 2022 - 15:00
Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ зэхех. Зигъазэрэ плъэмэ, щIалэ цIыкIу шэдым хэхуауэ щIелъафэ. Сабийр къызэрыхэпщыжын Iэмал къилъыхъуэрт, ауэ зыщIэзышэ ятIагъуэм ауи пэлъэщыртэкъым. Ар и макъ къызэрихькIэ мэкIий, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэхуауэ.
31 января, 2022 - 14:55
Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.
31 января, 2022 - 14:20
И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.
31 января, 2022 - 14:06
Илъэсищэм нэблагъэкIэ дэхуэхауэ, и цIэми и тхыгъэхэми цIыхур щымыгъуазэу къэгъуэгурыкIуа адыгэ тхуакIуэ КIашэ Адэлджэрий къызэралъхурэ илъэси 185-рэ ирокъу мы мазэм. «Къалэмбий» цIэр зыфIэзыщыжа тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр урыс журналхэм къытехуэрт, «Шэрджэсым и тхыгъэхэр» псалъащхьэм щIэту. ЛIэщIыгъуэм нэблагъэ зэпичащ а псевдонимым, зейр ямыщIэу.
31 января, 2022 - 13:25
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур Сарбашевэ ФатIимэ Магомет и пхъум и пIалъэр къэмысу щхьэщыхыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 38-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и 5-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
31 января, 2022 - 13:20
Ашэбокъуэ Рашид Хьэсэн и къуэр Аруан район судым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
|