Календарь событий

03 мая 2022

ДзасэкIэ гъэжьа былымыл Iыхьэхэр

Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр былымыл нэхъ щабэщ. ЛыпцIэр яупщIатэ и кIыхьагъыр см 11 - 12, и бгъуагъыр - см 6, и Iувагъыр - см 2 - 2,5-рэ хъууэ. Ахэр фалъэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий ­халъхьэ, бжьыныщхьэм ипс къыщIэкъузыкIар хакIэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 - 25-р хуэдизкIэ щIыIапIэ щагъэтщ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм фIаIури дэпкIэ ягъажьэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ. ЩагъажьэкIэ мэлыщэ гъэвэжа щахуэ, нэхъ тхъуэплъ, дахэ хъун, мэ дахэ къыкIэрихын щхьэкIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахыжри теп­щэчым иралъхьэ. Бжьын цIынэ гуэплъхьэми хъунущ.

Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы

Франджы пащтыхь Наполеон Бонапарт и зекIуэхэм (1798 - 1801 гъэхэм) я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъунущ щIэныгъэм и къудамэщIэ - египтологиер. Мысырым (Египетым) и щэхухэр къатIэщIыну зэрехьэжьа щIэныгъэлIхэм куууэ яджащ а щIыпIэ телъыджэм къыщыщIаха мывэхэм ­тедза иероглифхэр. Анадолэмрэ Щам Ищхъэрэмрэ щIащыкIагъэххэти, а пасэрей цивилизацэхэм я гъущIы­нэтх­хэр зэщымыщу, бзэ щхьэхуэу къа­хутащ. А лъэхъэнэ дыдэм дунейм щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыщIатIы­кIыжащ пасэрей лъэпкъыжьхэм я ­къалэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ: майем, ащыр­хэм (Ассирия), шумерхэм, илэунхэм (Троя).