Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ «Гъатхэ макъамэхэр» зэхыхьэр. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьам, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум я щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхьым щыжаIащ Хэкум, зауэм теухуа уэрэдхэр.