Календарь событий

08 мая 2022

ЩIыпIэр зыгъэдэха куэдыр къагъэщIэрэщIэж

Вольнэ Аул и ипщэ къыдэлъэдапIэм хуэзэ Налшыкыпс Iуфэм бгъу­рыту дэкIуей гъуэгур зэрагъэпэщыж.

Сытми щымышынэу

Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу Дзэ Плъыжьым зэи бзылъхугъэ хэтакъым, къэрал гъунап­къэхэм къулыкъу щы­зыщIэ я щхьэгъусэхэм ящIыгъуахэм фIэкIа. 1941 гъэм и шыщхьэуIу мазэм гурыIуэгъуэ хъуат дзэм цIыхубзхэри ираджэн зэры­хуейр. 

Мы махуэхэм

Накъыгъэм и 7, щэбэт

Радиор - ди щIыналъэм

Я махуэм ирихьэлIэу, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм и редактор нэхъыщхьэ Тэтрокъуэ Астемыр.

Гъунапкъэ зимыIэ лъэмыж

XIX лIэщIыгъуэр щиух илъэс­хэм хиубыдэу, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, 1895 гъэм, щIэмкIэ накъыгъэм и 7-м, Санкт-Петербург дэт технологие университетым и егъэджакIуэ, инженер Попов Александр а лъэхъэнэм ху­зэ­фIэкIар дуней псом и къэхъу­гъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. И IэдакъэщIэкIым теухуауэ абы мыпхуэдэу жиIэгъащ: «То­к­ым и къарур къэбгъэсэ­бэпурэ, мы Iэмэпсымэр адэ­кIи ебгъэфIакIуэмэ, сыт хуэдэ макъри дэнэ щIыпIэкIи щыбгъэIуфынущ».