|
Календарь событий
15 мая 2022
15 мая, 2022 - 17:55
Аруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и утыкум хьид махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ а жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Бекъул Аслъэн, щIыпIэ администра-цэр и дэIэпыкъуэгъуу. Къуажэдэсхэми даIыгъащ нэщIикIыж махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхур.
15 мая, 2022 - 14:41
«Спартак-Налшык» (Налшык) - «Форте» (Таганрог) - 0:2 (0:2). Налшык. «Спартак» стадион. Накъыгъэм и 12-м. ЦIыху 500 еплъащ.
Судьяхэр: Машлякевич, Смирнов (тIури Мэзкуу щыщщ), Пичугин (Ставрополь).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Шумахуэ З. (Белоусов, 47), КIэдыкIуей, Сындыку, Ольмезов, Масленников, ХъутIэ (Дэхъу, 57), Хьэшыр, Ульбашев (Торосян, 75), Бэчбо, ЛIуп (Гугуев, 71).
15 мая, 2022 - 12:00
Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм VIII лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Константинополь патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодоро зыфIаща щIы- налъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIурылъыр пасэрей герман лъэпкъыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, IX лIэщIыгъуэхэм алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIы-гуныкъуэм лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуалIэрт, ауэ щыхъукIи, зэгурыIуэну зы бзэ яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. Арами, а зэман жыжьэм абы щыIурт адыгэбзэри!
15 мая, 2022 - 10:35
Абхъаз Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат 1917 гъэм накъыгъэм и 12-м Члоу къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм иужькIэ, Сыхъум педагогикэм- кIэ техникумыр, кIэлъыкIуэу пединститутыр къиухащ, и щIэныгъэм аспирантурэм щыпищащ.
15 мая, 2022 - 08:36
Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ищхъэрэ (Къаншууей) жылэм накъыгъэм и 9-м къыщызэрагъэпэщащ къуажэ тхьэмадэу щыта нэхъыжьыфI Ахъсор Пщымырзэ и фэеплъ шыгъажэ.
|