Календарь событий

20 мая 2022

Зи фащэр зи гъэсэнхэм я щапхъэ

Зызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.

Мэлыхъуэхьэхэр

Пасэрей адыгэм и къулеигъэр былымыщхьэкIэ къабжу щытащ. Я къулеигъэр ирахъумэну абыхэм зэрахуэрт хьэфIхэр. 

И акъыл хунэсакъым

Мэзым пхъэхуей лъагэ хэтти, зы тхьэрыкъуэ къэлъатэри, а жыгыщхьэм абгъуэ щищIащ. Абгъуэм щыкIэцIри, тхьэрыкъуэ шыр къыщришащ. Абгъуэр бажэм къыIэщIэлъэгъуащ.

Iимамхэм яIущIащ

Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур къуажэхэм я Iимамхэм иджыблагъэ яIущIащ.

Кавказ зауэр щиухым

 е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-р

 
…1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

Хымрэ щIымрэ я зэдэхъукIэр

Хышхуэхэм я инагъым хэхъуэ зэпытыр пэжмэ, апщIондэху щIым хэщIын хуеякъэ? - упщIэ къызэрыгуэкIщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мыбдежым щIыр хуэбгъадэ хъунущ псы къикъуэлъыкIым къытрищIэ тхъурымбэхэм, аращ континентхэм зыщIамыхъуэжри.

Лышхым и лIэужьыгъуэ 26-рэ къэунэхуащ

Лышх узымкIэ Ростов къалэ щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хьэбзэгупэм (поджелудочная железа) еуалIэ а узыфэ шынагъуэм и лIэужьыгъуэ 26-рэ къызэрыунэхуар. 

ЩIыналъэ футбол лигэм и кубокым щIэбэнахэр

Мы махуэхэм Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ ЩIыналъэ футбол лигэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Пандемием и зэранкIэ ипэ ита илъэситIым зэпеуэр ирагъэкIуэкIатэкъым. Иджы уз зэрыцIалэр ужьыха пэтми, хамэ къэрал командэхэр хэттэкъым. Ауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, къэралым и командэ нэхъ лъэщхэр зэхуашэсыну Iэмал ягъуэтащ. 

Гъуэгухэр, лъагъуэхэр

Налшык и гъуэгухэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Мэлбахъуэм и уэрамым и кIыхьагъкIэ иджыпсту техникэ хьэлъэхэр щолажьэ: кхъахэ хъуа бжьамийхэр къанэ щымыIэу щIэкIэ яхъуэж, лъэс лъагъуэ къудей фIэкIа здэщымыIа щIыпIэхэм лъэс зекIуапIэхэр щащI. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Къэбэрдей, Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм щегъэжьауэ ехыу.

И чэзум зэфIэкIынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ ядригъэ­кIуэкIащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.

Нобэ

Метрологием и дунейпсо махуэщ
Бжьэхэм я дунейпсо махуэщ
Фэбжь зыгъуэтам еIэзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ

Индыл псым и махуэщ. Индыл Урысейм и мызакъуэу Европэми щынэхъ псышхуэхэм ящыщщ – абы и кIыхьагъыр километри 3,7-рэ мэхъу.
1570 гъэм Антверпен (Бельгие) дунейм щыяпэу щытрадзащ географие атлас.
1873 гъэм США-м щыщ Страус Леви къигупсысащ джинсым къыхэщIыкIа гъуэншэдж лIэужьыгъуэр. А щыгъыныгъуэр ящыщщ иджыпсту дунейм бжьыпэр щызыIыгъхэм.