Календарь событий

24 мая 2022

Къумыкъу Мамдухь: Сэ сыкъэзышэжар Хэкум хузиIэ лъагъуныгъэрщ

Кавказ зауэжьым и нэпкъыжьэ зытелъхэм ящыщщ Къумыкъу Мамдухь. Ар Сирием и КъунейтIрэ куейм хыхьэ Хъышней къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэр къиухри, Дамаск муслъымэн диным щыхурагъаджэ институтым, итIанэ университетым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 

Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ

ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэкIэт.

Ди гугъэр хэтхыжакъым

Прохладнэ районым щыIэщ адыгэ къуажэ цIыкIу, ПсыншокъуэкIэ еджэу. Жылэр щитIысыкIар щIыпIэ зэгъщ. Я щIыр сэтейщ, езы къуажэр Къэрэгъэшрэ КъалэкIыхьымрэ ухуэзышэ асфальт гъуэгушхуэм пэIэщIэщи, сабэмрэ Iэуэлъауэмрэ цIыхум ялъэIэсыркъым. Налшык къалэ уикIыу абы удыхьа нэужь, кIуэаракъэ, жэнэт щIыналъэу къыпщохъу: щхъуантIагъэр щыкуэдщ, я уэрамхэм машинэ щIагъуэ щызекIуэркъым. А жылэм и нобэм, абы дэсхэм я псэукIэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Къарэ Адмир.
 

Убыххэм я натIэ хъуар

Кавказ зауэм лъапсэрыхыр зыхуигъэкIуа лъэпкъхэм ящыщщ убыххэр. Зауэ нэужьым зы убыхи къранакъым я хэкум: хы Iуфэм Iуахуэри, абы щызэтелIащ, къелаIамэ, Тыркум Iэпхъуащ. Ар къыщыхъуар 1864 гъэрщ. Лъыгъажэ зауэр щыувыIар я лъапсэрщ – Къуэбыдэ.
1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м урыс дзэпщхэм Къуэбыдэ щагъэлъэпIащ бгырыс лъэпкъхэм кIэ зэрыратар. КIэ ирата къудейкъым – я хэкум ирахуащ псэууэ къэнахэр: кхъухьхэм ирагуэри, лъэныкъуэ ирагъэзащ, хым зэпрахуащ. Аращ убыххэм я натIэ хъуар.

Хьэжыкъуэ

Къармэхьэблэдэсхэм къаIуэтэж

ХьэжыкъуэкIэ зэджэ лIым Лыхь лъэпкъым и нэхъыбапIэр къытехъукIащ, я тхыдэр къыщежьэри абы и дежщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы зы къуэш иIащ - Бакъджэрий. Ар Абхъазым щыпсэуащ, Хьэжыкъуэ мызэ-мытIэу абы дэIэпыкъуащ, бийхэм ящихъумэу. 

Зы гупсысэ пыухыкIам дытевгъэт

 Накъыгъэм и 21-м Истамбыл къыщыдэкI газетхэр гъэ къэси топсэлъыхь кавказ лъэпкъхэм я щхьэ кърикIуа насыпыншагъэм. Илъэс зыбжанэ ипэ «Дуния» газетым и зы напэкIуэцI триухуащ Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэр Анатольем къызэрыщыхута щIыкIэм, насыпыншагъэрэ хэщIыныгъэшхуэрэ къэзыхьа зауаем адыгэхэр зыхидза бэлыхьым профессорхэм, хасэ тхьэмадэхэм хуаIэ еплъыкIэхэм. Фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщхэр.

Шэрджэсхэм къащыщIа гузэвэгъуэм хуэдэ тхыдэм ищIэркъым

Кавказ зауэр зэрекIуэкIар, къэхъеин хуей щIэхъуар, абы щызэрахьа гущIэгъуншагъэр зыхуэдэр тэмэму къэгъэлъэгъуэжа хъуауэ къэслъытэркъым сэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ, адыгэхэм, а лъэхъэнэм тхыбзэ диIакъым. Ди нобэрей тхыдэджхэр икIэм нэсу щыгъуазэкъым а лъэхъэнэм пащтыхьыгъуэм зэрихьа политикэм. Дэ иджыпсту дызэджэр совет властым игъэува гупсысэкIэм и жыпхъэм изагъэу ятхыжахэрщ. 

Нобэ

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ. УФ-м и мызакъуэу, ар щагъэлъапIэ славян лъэпкъхэр щыпсэу къэралхэми.
IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр къыхэхыныр, ахэр IэнатIэ гъэувыныр зи къалэным и махуэщ
Паркхэм я европэпсо махуэщ

1844 гъэм телеграф IэмалкIэ япэ хъыбарыр зэбгригъэхащ США-м щыщ Морзе Сэмюэл. Вашингтон иригъэхри, абы телеграммэ игъэхьат Балтимор къалэм.